Сыт Гуэл ЩхъуантIэхэм ябзыщIыр?

Адыгэ Республикэм щыщ Виятик Викторие щылажьэр Мейкъуапэ къыщыдэкI «Красное знамя» газетырщ. «Си щIыналъэ жыжьэ» зэпеуэм хэту «Шэрхъым тесу ятха репортажым» ар щытепсэлъыхьыжащ Гуэл ЩхъуантIэхэм зэрыщыIам.
 «Къэбэрдей-Балъкъэрым хыхьэ Шэрэдж щIыналъэм зыщызыубгъуа, Налшык зы сыхьэт гъуэгукIэ фIэкIа пэмыжыжьэ гуэл щхъуантIитхур интернетым къызэрыщыслъагъуу, абыхэм си нэкIэ саIумыплъэнкIэ Iэмал имыIэу «сымаджэ» сыхъуащ. Дунейм и телъыджэ еянэр си пкъымкIи си гумкIи зыхэсщIэну сыхуейт, езыхэм я теплъэм малъхъэдисым ещхьу сызыщIашэрт. Бысым гумащIэу къыщIэкIа, мы гъэм си Адыгэ Республикэм и гъусэу и илъэси I00-р зыгъэлъапIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкIа «Си щIыналъэ жыжьэ» зэпеуэм апхуэдэ Iэмал къызитащ.
 Гъуэгуанэм «Потерянная чаша» музейм дыхуишащ. БжыгъэкIэ ещанэ гуэлыр, пэж дыдэу, щхъуантIагъэм хэгъэпщкIухьа Iэгубжьэм ещхьщ. Жыг удзыфэхэм ядз ныбжьым псыр тенджызу къыпфIегъэщI. Гуэлым и псыр зэрыщыту щIым къыщIож. Псыр зэрыкъабзэм и фIыгъэкIэ абы бдзэжьей лIэужьыгъуэ гъуэтыгъуей дыдэхэр щобагъуэ.
 Псэлъэгъу къысхуохъу абдеж дыдэм щылъ щIыр илъэс 49-кIэ бэджэнду игъэлэжьэну къэзыщта Хьэзрэт. Абы зэрыжиIэмкIэ, илъэсибл текIуэдащ гуэлым и хъуреягъыр пхъэнкIийм къыхигъэкъэбзыкIыжыным. Нобэ абы щыплъагъу дахагъэми, цIыхухэм ящышынэн хьэлыр зыхэзына бдзэжьей гупышхуэхэми уи фIэщ ящIыркъым зыгуэрым мы жэнэт къуэгъэнапIэм пхъэнкIий щыхыфIидзэфыну. «Мыр ди унагъуэм зетхуэ хьэрычэт Iуэхуу аращ, - жеIэ хэщIапIэ тхуэхъуа «Дуней гъуэщар» зейм. - ХьэщIэ тхуэхъу туристхэм щIым къытетх ерыскъы узыншэ фIэкIа яIудгъахуэркъым си щхьэгъусэмрэ сэрэ: къуршыщхьэ удзхэм къащIэвыкIа шей, псы къабзэм хэса бдзэжьей, мэ гуакIуэ къызыпих фо».

 «Дуней гъуэщам» си гум апхуэдизкIэ зигъэпсэхуауэ сыкъыщIэкIыжырти, сигу къэкIащ: «Дэнэ щыIэж иджы гъащIэм IэфI щIэмылъыжу къысфIэзыгъэщIа си гуныкъуэгъуэхэр? Чэф узыщI хьэуа къабзэмрэ нэр зымыгъаплъэ уафэ щхъуантIэмрэ яхуэмыгъэхъужын уз щыIэкъым. НэгъуэщI мыхъуми, илъэсым зэ мыбы укъыщIэкIуэн щхьэусыгъуэ къыпхуэгъуэту щытын хуейщ. Мыбдежырщ къыщыбгурыIуэр упсэуну зэрылъэщыр!»

Чэрим Марианнэ.
Поделиться: