ЕхъулIэныгъэхэр

Бэрбэч Аскэр, уэрэджыIакIуэ:
Адыгэ унагъуэшхуэм сыкъыхэкIащ сэ. ЗэрыжаIэщи, лIэужьыр бжьиблкIэ мауэ, си анэшхуэ Марие удэзыхьэх макъ дахэ иIэу щытащ. СызэрыцIыкIу лъандэрэ сэри уэрэд жыIэныр зыхэслъхьэ щыIэтэкъым. Абы гу лъита иужь, си адэм япэщIыкIэ Бахъсэн къалэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм щылажьэ студием, итIанэ Музыкэ школым сритат.
Си япэ ехъулIэныгъэ хъуащ «Кавказ Ищхъэрэм и дыщэ макъ» щIыхьыцIэр къыщысхуагъэфэща «Бон Ами» зэпеуэм Налшык сызэрыщытекIуар. Абы къыкIэлъыкIуащ урысей, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм къыщысхьа текIуэныгъэхэр.
Курыт еджапIэр 2008 гъэм къэзуха нэужь, къыхэсхыну IэщIагъэм лейуэ сегупсысакъым, занщIэу сыщIэтIысхьащ Театр гъуазджэхэмкIэ Урысей институтым (ГИТИС) и эстрадэ факультетым.

Гур хэзыгъахъуэр
ГъащIэ щыхъукIэ, гур хэзыгъахъуэхэри гуныкъуэгъуэ мащIэхэри диIэщ. Япэм щыщщ «Голос» шоу цIэрыIуэм сызэрыхэтар, абы сыкъызэрыщыхагъэщхьэхукIар. Сэ зэи сщыгъупщэнукъым Меладзе Константин зыкъыщригъэзэкIа дакъикъэм сиIа щытыкIэр, а зэхьэзэхуэм си псэм, си зэфIэкIым зэрызригъэужьар, къыкIэлъыкIуэ Iуэхухэми сытезыгъэгушхуэфын къару къызэрысхилъхьар. Апхуэдэуи сигъэгушхуащ, сигъэинащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIыхь зиIэ и артист» цIэ лъапIэр схуэфащэу къызэралъытам. Къызагъэза дзыхьыр зэрызгъэпэжынум сэ сытым дежи яужь ситынущ.

ХъуэпсапIэхэр
НэхъыфIу слъагъу, щапхъэ зытесх уэрэджыIакIуэхэм ящыщщ Магомаев Муслим, Паваротти Лучанэ, Стинг сымэ. Си хъуэпсапIэщ езым си джаз гуп къызэзгъэпэщыну, си уэрэдхэр щызэхуэхьэса альбом къыдэзгъэкIыну.

ИСТЭПАН Залинэ.
Поделиться: