МардэщIэхэм хуэкIуэу къызэрагъэпэщ«ЩхъуантIагъэм хэс къалэ» - апхуэдэу куэдым къыхужаIэ Налшык. ЗыгъэпсэхупIэ паркышхуэмрэ удз гъагъэ щхъуэкIэплъыкIэхэр зэрыту къалэм и щIыпIэ куэдым щытлъагъу утыку дахэмрэ зи Iэужьыр Урысей Федерацэм и апхуэдэ хозяйствэхэм щыпэрыту Налшык дэт «Горзеленхоз» муниципальнэ трестым и IэщIагъэлIхэмрэ лэжьакIуэхэмрэщ. Зи пщэрылъ къалэнхэмкIэ унэтIыныгъэ куэду зэщхьэщыха Iуэхугъуэхэр зэфIэзых IуэхущIапIэщ «Горзеленхоз»-р. Аращ къалащхьэм и зыгъэпсэхупIэхэм, утыкухэм хэсапхъэ щхъуантIагъэхэр къыщагъэкIыр, къэкIыгъэ цIыкIухэр, удз гъагъэхэр щIыпIэ-щIыпIэхэм щызыгъэтIысыр, зыхуей хуэзыгъазэр, къалэм и къабзагъэм кIэлъыплъыр, щIыпIэр щхъуантIагъэкIэ гъэдэхэным епха проект зэмылIэужьыгъуэхэр щызэхалъхьэр. А лэжьыгъэ псори къызыхуэтыншэу, фIагъ лъагэ иIэу икIи и чэзум щызэфIах IуэхущIапIэ пэрытым. Ар, дауи, я фIыгъэщ абы и унафэщI щыпкъэхэм, лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэхэм. Ахэр я пашэу IэнатIэр хэтщ къэралпсо, дунейпсо гъэлъэгъуэныгъэхэм, зэхьэзэхуэхэм икIи абыхэм текIуэныгъэхэр къыщехь.
Поделиться:
Читать также:
02.05.2024 - 12:43 →
Джэш хъурейм яужь йохьэ
30.04.2024 - 12:00 →
Италием бзылъхугъэу исым дахагъэкIэ ефIэкI адыгэ анэт
30.04.2024 - 10:00 →
Интернет хабзэншагъэм зэгъусэу пэщIоувэ
30.04.2024 - 09:00 →
КхъухьлъатэхэмкIи зызэпащIэ
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
|