ФокIадэр къэмысу

ХьэтIохъущыкъуейм дэт курыт школ № 2 - р гъэ еджэгъуэщIэм хуагъэхьэзыращ.
ЕджакIуэу I70 – рэ щIэхуэным тещIыхьауэ илъэс куэд ипэ яухуа мы школым илъэс къэс елэжьын хуей мэхъу. Къапщтэмэ, зэхъуэкIын хуейщ жьы хъуа унэлъэгухэр, бжэ - щхьэгъубжэхэр. 
ЗэкIэ яхузэфIэкIаращи, мы школ щIэтIысхьэжыгъуэм ирихьэлIэу класс пэшхэр зэрахьащ, сэкъат зыгъуэта унэлъащIэхэр зэрагъэпэщыжащ, зи школ кIуэгъуэ нэмыса цIыкIухэр зыщIэс пэшитIым щIэт унэлъащIэхэр щIэкIэ зэрахъуэкIащ, апхуэдэу къащэхуащ сабийхэр зэрырагъаджэ тхылъхэмрэ зэрыджэгу хьэпшыпхэмрэ, пэшхэм ящыщ зым хэлъ пхъэ щхьэгъубжэхэр пластиккIэ яхъуэжащ, зы классым щIэуэ хущIагъэуващ стIол зыфIэх – зыфIэлъхьэхэмрэ шэнтхэмрэ.
Мы илъэсым яхузэфIэкIащ школ щIыхьэпIэм и щхьэр къагъэщIэрэщIэжу дэкIуеипIэхэмрэ утыкумрэ плиткэкIэ къращIыкIыжыну. Зыхуей хуагъэзащ школ пщIантIэри. 
КъищынэмыщIауэ, мафIэсгъэункIыфIхэм къыщыщIэдзауэ школакIуэхэр шынагъуэншагъэ и лъэныкъуэкIэ зыхуеину псомкIи зыкъызэрагъэпэщащ. 
 

 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться: