МЫКЪУЭЖЬ Анатолэ, усакIуэ:

Усэр езыр къэкIуащ си деж

 
IэщIагъэр къыхэсхакъым, езым сыкъыхихам нэхъ ещхьщ, апхуэдизкIэ ар езыр-езыру къэхъуа Iуэхущи. Курыт еджапIэм сыщIэсу, илъэс пщыкIутIым ситу, си япэ усэ сатырхэр стхауэ щытащ. Зы къаруушхуэ гуэр си пкъым къыщыушати, си бгъэгур мафIэм кърисыкIт. Умытхэнуми, апхуэдэм деж ущхьэхуимытщ. Маяковскэм: «Мама, ваш сын прекрасно болен, у него пожар в сердце!» – зэрыжиIам хуэдэ гуэрт си щытыкIэр. КъысфIэщIт мы дунейм иджыри зэи щыжамыIа гуэрхэр сэ схужыIэну, псалъэм и къарукIэ ер хэзгъэщIэфыну… 
 

Дэнэ къикIрэ усэр?

 
Усэр езыр-езыру къыспкърохьэри, ар тхылъымпIэм тезмыгъэзэгъауэ псэхугъуэ сиIэкъым. Апхуэдэ щIыкIэкIэщ дунейм къытехьэ си сатырхэр къызэрыхъур, армыхъуамэ «мыр стхынщ, мы Iуэхум сытепсэлъыхьынщ» жысIэу си гъащIэм стIол сетIысылIакъым, сетIысылIэкIи къызэхъулIэнукъым. Си япэ сатырхэм къыщыщIэдзауэ, сыт стхами, уеблэмэ зэзгъэзэхуэжахэри хэту, гукIэ сощIэж. Дунейм къыщекIуэкI Iуэхугъуэхэм уи гур пэмыджэжмэ, тхыгъэм псэ къыхыхьэнукъым. Нэхугъэм, дахагъэм телажьэхэр щымыIамэ, дунейр кIыфIыгъэм щIигъэнэнт...
 

Чэнджэщ

 
Гур здэхъуапсэмкIэ удаIуэу абы къыбжиIэр зэхэпхын хуейщ IэщIагъэ къыщыхэпхкIэ. Уи зэфIэкIыр зыхуэдэм уемыплъыжуи хъунукъым. Нэхъыжьхэм къыфхухах IэщIагъэр фэ фызыхуейм темыхуэнкIэ хъунущ. ЦIыху къэс зыгуэрым хуэфIщ. Дэтхэнэри езыр зыхуэфI Iуэхум пэрытыжу щытамэ, апхуэдиз зыхэзэрыхьа мы дунейм щыщыIэну къыщIэкIынтэкъым. 
 
 
Мыкъуэжь Анатолэ
 
Усэхэр 
 
* * *
Пщэдейрей ныбгъуэ нэхърэ нобэрей бзу.
Псалъэжь 
 
Сыхуейкъым, гъащIэ, 
Уи гуфIэгъуэ тIуащIэ.
Уи насып щащIи
Сэ сыщIэмыхъуэпс. 
Си натIэм къритхар,
Хуейм иремащIэ,
Къыслъыгъэсыжи –
Усщыхъунщ гунэс.
 
Ауэ щIэслъхьэным упэмыплъэу
ФIыншэ,
Си фалъэм итыр
Зэуэ къысхуэший.
Насыпыр нэсу
ПхузыхэмыщIэну
Еха къудейкIэ
Зы фо ткIуэпс уи джийм.
 
Сыхуейкъым сэ 
Пщэдейм щысхуэбгъэтIыгъуэм,
Зы тыгъэм къыпэкIуэнуи
СощIыр тIу. 
Пщэдейрей ныбгъуэм 
Сыщумыгъэгугъыу, къызэт гуфIэгъуэ
Нобэ… иджыпсту! 
 
* * *
Сыхуейт сэ 
Зэхэслъхьэну Iэджэ щIауэ
ГуфIэгъуэм теухуауэ
Уэрэд нэс.
АрщхьэкIэ гъуэгу къызитыркъым
ЦIыху гуауэм,
Зыплъыхьыт – 
ДэнкIи щыщIагъэкIыр нэпс. 
 
ЩIегъэкIыр нэпс,
Зи бын зыхуэмыпIыжу,
Уэрамым лэжьапIэншэу
Къыдэнам.
ЩIегъэкIыр нэпс,
ЛъакъуитI зыпымытыжу, щIэлъэIуу сом,
Гъуэгущхьэм къытенам.
 
ЩIегъэкIыр нэпс,
ЛIы «Iущхэм» я зэранкIэ
Зауаем зи ныбжьыщIэ
ХэкIуэдам.
ЩIегъэкIыр нэпс хеищэ 
Пщащэ цIыкIум –
Щысхьыншэу 
Зи нэмысыр хаутам. 
 
Нэщхъейщ сабийр,
ЩхьэщIэгупсысщ балигъыр, - 
Тхьэ закъуэрщ плъапIэу
Псоми къытхуэнар.
Пшэ Iувым къыпхыпсыжыркъым
Ди дыгъэр – 
Гъуазэншэ къабзэу
Дыкъызэхэнащ.
 
А псори кърамыдзэ
Тахътэм исхэм,
Зэтетщ я Iэнэр,
Я дунейр жэнэтщ.
Хейр мысэ зыщIу
Зыгъэхейхэм мысэр
Къэзыхьыжыни тобэ
Яхэмыт. 
 
Сыхуейт сэ 
Iэджэ щIауэ зэхэслъхьэну
ГуфIэгъуэм теухуауэ
Уэрэд нэс.
Захуагъэр 
Сэ абы щызгъэлъэпIэнут,
КъедаIуэм къыфIыщIэкIыу
ГуфIэ нэпс. 
 
ТIутыхукIэ псэ –
А зырщ дэ къытхуэнэжыр –
НэхъыфIым хэтхыжынкъым
Ди мурад.
«Узэджэр къокIуэ» -
ЖиIэгъащ псалъэжьым,
ГуфIэгъуэм хуэзгъэпсынщ сэ
Зы уэрэд. 
I993 
 
 
 
 
 
 
 
 
 
 
 
БЛИЙ Даянэ.
Поделиться:

Читать также:

25.03.2024 - 15:30 Си жэнэт
21.03.2024 - 11:30 Ахъмэт и фо изщ