Псыкъелъэхэмрэ къуршхэмрэ

«Си щIыпIэ жыжьэ» зэпеуэм хэтахэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къакIуэ зыплъыхьакIуэхэм я нэ къызыхуикI Iуащхьэмахуэ лъапэм, Шэджэм псыкъелъэхэм, Гуэл ЩхъуантIэхэм яшат. Псоми я нэгу щIэкIар зыуэ, ауэ зэрытепсэлъыхь бзэр зэмыщхьу, дэтхэнэ журналистми и Iэдакъэ къыщIэкIащ «Шэрхъым тесу ятха репортаж». Мы тхыгъэр зей Евушкинэ Людмилэ Пензэ областым хыхьэ, Сердобск къалэм къыщыдэкI «Сердобские новости» газетым щолажьэ.

«Псыкъелъэхэмрэ къуршхэмрэ зэгъусэ щыхъукIэ, абы дунейр къыщыунэхуа лъэхъэнэр уи нэгум къыщIигъэхьэу къыпфIощI. Хэти ещIэ хым уз къыпхэзыш къару зэрыхэлъыр. Узыншагъэр зэфIэгъэувэжын IэзагъкIэ бгыхэр абы нэхърэ зыбжанэкIэ нэхъ лъэщщ. Сыту жыпIэмэ, къуршхэм ягъэхъужыр Iэпкълъэпкъым и закъуэкъым, псэми къару къыхагъэхьэж. Псыкъелъэхэмрэ бгым щызежэ псыежэххэмрэ я Iэуэлъауэм фIэкIа щызэхыумых дурэшплIэрэшхэм къыдокIуэсыкIри, дамэ нэрымылъагъухэр къызытекIэ псэр зи лъагагъым унэмыплъыс, уафэм щIэуэ къурш лъагэхэм я щыгум долъэтей. Апхуэдэ иныжьхэм уабгъэдэту, мыхьэнэ зимыIэ гупсысэхэр зэIыупщIыкIын гукъыдэж къыпхуэнэжыркъым.

Тафэрысым дежкIэ бгылъэ щIыпIэр гур зыгъэпIейтейщ. Зыр абы дэкIуеину йохъуапсэ, езыр зэрынэхъ лъэщыр къигъэлъэгъуэну, адрейр щIыуэпс телъыджэм щогуфIыкIри насыпыфIэ мэхъу. Зы цIыхуи щыIэкъым къуршхэм къарурэ узыншагъэрэ къыбгъэдамыхыу, ауэ и нэфIыр зыщыхуэр щIыналъэм къыщалъхуа езым и бынхэрщ. Абы къыбгурегъаIуэ зэ IуплъэгъуэкIэ ин дыдэу щымыт Къэбэрдей-Балъкъэрыр къэралым и адрей щIыналъэхэм фIы куэдкIэ къащIыхэщыр.

2022 гъэм илъэси 100-р зыгъэлъапIэ КъБР-м иубыд щIыпIэр фIыуэ хы щIыIум нэхърэ нэхъ лъагэщ. ЩIыналъэм и хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэм хуэдэщ абы тажым хуэдэу къыщхьэщыт Кавказ къуршхэр. Мыбы щыIэ щIыуэпсыр зыми ещхькъым, хьэуар къабзэ дыдэщ, щысхь зимыIэ щIыми бгъэдэлъу хъуар цIыхум ирет. Щыпсэу лъэпкъхэм я гугъу пщIымэ, адыгэхэми, балъкъэрхэми, урысхэми игъащIэм уи нэгу къыщIэмыхьа гъэхьэщIэкIэ Iэзагъ ядыболъагъу, я гур зэIухащ, гуапагъэ къащхьэщех.

Псым Къэбэрдей-Балъкъэрым тхыдэ щхьэхуэ щиIэщ. Псы хущхъуэхэращ мы бгырыс щIыналъэм и пщIэр хуэфащэу зыIэтар. Илъэс къэс загъэхъужыну, загъэпсэхуну къакIуэхэм я бжыгъэм хохъуэ. Туристхэм я кIуапIэ нэхъыщхьэу пхужыIэнущ Налшык. ЩхъуантIагъ къызэрымыкIуэкIэ укъэзыухъуреихь къалэм гур зыхьэху къару гуэр бгъэдэлъщ, иджыри тезгъэзарэт жозыгъэIэ сурэтхэр щIэх-щIэхыурэ зэпуплъыхьыжыным утригъэгушхуэу. Сэ зэхуэсхьэсахэм Шэджэм псыкъелэхэр нэхъыбэу къыхэщыну си гум жеIэ. Зэгуэр къуацэ-чыцэхэм щIагъэнауэ щыта щIыпIэр иджы зыплъыхьакIуэхэм занщIэу я псэр зыкIэрыпщIэ хэщIапIэ хъуащ. Шэджэм псыкъелъэ цIыкIум Адай-Су («Хъыджэбз щхьэц ухуэна») цIэр зэрехьэ. Сакал-Туп псыежэхым къыбгъэдэтщ псыкъелъэ нэхъыщхьэр. Дэтхэнэ зыри къызэрымыкIуэщ, зыми емыщхьщ, хъыбар гъэщIэгъуэн къыдокIуэкI, я хьэлкIи зырызщ.

Джэдыгу удзыфэкIэ хуэпа къурш шынагъуэхэмрэ налкъутналмэс мелуану мывэхэм къатещащэ псыежэххэм яутх ткIуэпсхэмрэ я закъуэкъым Шэджэм къуэм узэригъэуIэбжьыр. ГукъэкIыжхэм нэмыщI, дэтхэнэ цIыхуми мыбы здрихыфынущ IэкIэ къыпхуэщтэ хьэпшыпхэри. Щхьэж и зэфIэкIыр къигъэутыкуу, къуэм и кIыхьагъкIэ цIыху IэпщIэлъапщIэхэр къеувэкIащ . Сыт нэхъри мыбдежым щынэхъыбэщ цым къыхэщIыкIа щыгъынхэр. Ар икIи гъэщIэгъуэнкъым. Балъкъэрхэм я деж IэпэIэсагъым мыхьэнэшхуэ щиIэщ. Бгырыс цIыхубзхэм пщэфIэн Iэзагъыр я лъым хэту къаIэрохьэ. Кхъуейхэр: уэсым хуэдэу хужьым щегъэжьауэ данэм ещхьу гъуэжьым нэсыху – сатыру еувэкIа сатуущIхэм яIыгъщ. Зыгуэр къыумыщэхуну пхузэфIэкIынукъым.

Щхьэм щхьэщымыкI шынагъуэр къызыбгъэдэкI щыхупIэхэми щIыпIэм и гъэщIэгъэнагъым зыгуэр халъхьэ. Сыт сщIэжынур къуршхэр къысхуэгубжьмэ, жыуагъэIэу апхуэдэщ. Ауэ гузэвэгъуэхэр закъуэтIакъуэххэщ. Мы щIыпIэм и хъумакIуэм и жагъуэ хъущэркъым сурэттеххэм увыIэгъуэ зэрамыIэр».

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: