Зэманым и лIыхъужь

Сосналы СулътIан и цIэр Кавказым и тхыдэщIэм  хэтха хъуащ, а цIыхум  адыгэ лъэпкъым и пщIэр зэриIэтам шэч хэлъкъым.

СССР-р зэхэкъутэжу абы хыхьэ лъэпкъхэр я щхьэхуитыныгъэм щIэхъуэпс щыхъум, мамырыгъэм и уасэр фIыуэ хэхъуащ. IуэхуфI къэс захуагъэм щIэбэн лIыхъужьхэм щапэщIэту тепщэныгъэм хуэпабгъэ щхьэзыфIэфIхэри утыку къихьащ. Абыхэм я зэхуаку къыщыхъей къаугъэхэращ, зэрыжаIэщи, лажьэрэ шхэжу псэу цIыхубэм и гупсэхугъуэр къэзыгъэтIасхъэр. Зи гугъу тщIы илъэсхэм Сосналы СулътIан Кавказым и бгырыс лъэпкъхэм я конфедерацэм мамырыгъэр хъумэнымкIэ и унафэщIт. Аращ щхьэусыгъуэ хуэхъуари абы АбхъазымкIэ кIуэ гъуэгур пасэу зэрыпхишам.

Куржы-абхъаз зэрыхьзэрийм и гуащIэгъуэр къыщыблэгъам, Сосналым и ныбжьыр зэрыхъур илъэс 50-т. Ар подполковникт, Сызрань дэт АвиацэмкIэ еджапIэмрэ маршал Жуковым и цIэр зезыхьэ академиемрэ къиухри, СССР-м и уэгур зыхъумэ дзэхэм кхъухьлъатэзехуэу, иужькIэ авиацэмкIэ IуэхущIапIэм и унафэщIу илъэс зыбжанэкIэ лэжьат. Кавказым и мамырыгъэр хъумэныр къалэн щыхуэхъум, лъэпкъ зэхэгъэж жыхуаIэр имыщIэу, ар осетинхэмрэ ингушхэмрэ, куржыхэмрэ абхъазхэмрэ я зэхуаку дэтащ, ахэр зэгуригъэIуэным, псалъэ къызыхуагъуэтыным елIалIэу.  Зауэр къыщыхъеям: «Дэ дызэзауэр куржыкъым, икIи сонэкъым, икIи мингрелкъым, - жиIат Сосналым, телевиденэмкIэ абхъаз цIыхубэм зыхуигъазэу. Дызэзауэр абхъазыщIым къэкIуауэ цIыхухэр зэтезыукIэ зэрыпхъуакIуэхэрщ. Абы пэщIэтыныр дэ тщыщ дэтхэнэ зыми и къалэн лъапIэщ. ТекIуэныгъэм фыпэплъэ!»

ТекIуэныгъэри жыжьэ щымыIэу къыщIэкIащ. Апсныр хуит щыхъужа махуэм Сосналым Ингур псыежэхым щыщ къригъахъуэри, Абхъазым и Президент Ардзинбэ Владислав, бийм хэкур зэрибгынам и щыхьэту, абы иригъэIубыну ежьащ, хъыбарыфIыр япэ езым лъигъэIэсмэ и гуапэу.

Илъэс зыбжанэ дэкIыу илъэс 66-м ит генерал Сосналы СулътIан дунейм щехыжым, хъыбар гущIыхьэм абхъазыщIыр зэлъищIысащ. Ардзинбэ Владислав абы и унагъуэм къыхуэгузэвауэ щытащ: «Генерал Сосналыр  игъащIэкIи дигу илъынущ лIыгъэм, щыпкъагъэм, захуагъэм и щапхъэу. Абы тхыдэм хэмыгъуэщэжын Iуэхутхьэбзэ ди лъэпкъым къыхуищIащ. Дзэпщ, цIыхубэ унафэщI Сосналы СулътIан цIыху щэджащэт, совет нэужьым къэунэхуа тхыдэм зэкъуэшыгъэм, илъэс куэдкIэ зэкъуэхуауэ щыта кавказ лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэр къэгъэщIэрэщIэжыным абы  хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ».

Сосналым зэрихьа лIыгъэр цIыхухэм хъыбар кIэщIу къаIэрыхьэ щхьэкIэ, ар а лъагапIэм хуэкIуащ езым и гъэсэныгъэмрэ зыужьыныгъэмрэ я фIыгъэкIэ.  СулътIан и къуэш нэхъыщIэ Анатолэ игу къегъэкIыж зэрыцIыкIурэ и шы нэхъыжьыр анэм хуэжыIэщIэу, еджэнкIи, лэжьэнкIи, цIыху хэтыкIэкIи япэ къищ щымыIэу зэрыщытар.

Генералыр Къэбэрдейм щызыцIыхуахэми зауэм къыдыхэтахэми ягу къагъэкIыж ар цIыху зэпIэзэрыту, щабэу, псалъэ лей жимыIэмэ нэхъ къищтэу зэрыщытар. Ара къыщIэкIынщ лIыгъэ нэсым и шыфэлIыфэри зыхуэдэр. «Си дежкIэ куэдкIэ нэхъ тыншт цIыхум унафэ хуэсщI нэхърэ сэ езым Iэщэ сIыгъыу зауэ IэнатIэм сыIутамэ», - игу къигъэкIэжырт бийм псэууэ зыкъыIэримыгъэхьэн щхьэкIэ сыт щыгъуи зы шэ и щхьэм хуэзыхъумэу щыта СулътIан.

Абхъаз дадэхэм я гум къинэжащ ахэр Сосналым деж лъэIуакIуэ кIуауэ зэрыщытар. Ди сэлэтхэм я гъуэгур зэпиупщIу губгъуэр лагъымкIэ бийм щисейм, нэхъыжь зыбжанэ штабым къакIуэри генералым къелъэIуащ: «Дэ фяпэ диту лагъымыр зыщIэлъ губгъуэм дрикIуэнщ», - жаIэри. Сосналым абыхэм ярита жэуапыр тхыдэм къыхэнащ: «Дэ тхузэфIэкIыхукIэ ар фэдгъэщIэнкъым. Ауэ апхуэдэ нэхъыжьхэр зиIэ лъэпкъыр мы зауэм зэрыщытекIуэнур хьэкъщ».

Абхъазым Сосналым къыхуаIэ фIылъагъуныгъэр абы къыхуагъэфэща усэхэми, и цIэр зыфIаща уэрамхэми къагъэлъагъуэ. ЦIыхур фIыуэ щыплъагъум и деж ар уэ уэщхьу къызыфIыбогъэщI. «Ар апхуэдизкIэ ди гъащIэм екIуу хэзэгъати, къыддалъхуауэ, мыбы къыщыхъуауэ фIэкIа пщIэнтэкъым, - жеIэ Абхъазым зыхъумэжыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэу зауэ зэманым лэжьа Ардзинбэ Павел. – СулътIан сабийхэми, балигъхэми, ныбжь зиIэхэми я псэхэм щекIуэкIыр зыхищIэрт, псори игу тригъэхуэфырт. Дакъикъитху-хыкIэ къыбгъэдэта цIыхур абы бгъэдэкIыжыфыртэкъым езым хэлъ нэмысымрэ хабзэмкIэ, зыIыгъыкIэмрэ зэпсалъэм хуищI пщIэмкIэ апхуэдизкIэ къыдихьэхырти».

Абхъазхэм я щхьэхуитыныгъэр къазэужа щхьэкIэ, ар политикэ и лъэныкъуэкIэ Iуэху тIасхъэу къызэрынэр щызыпхагъэIукIым, Сосналым и Iуэху еплъыкIэр жиIащ: «Псори зэлъытар Урысейращ. Ар Абхъазым и хуитыныгъэм щыхьэт техъуэмэ, зэфIэкIащ». Генералым зэрыжиIауи, нобэ Апсныр лъэпощхьэпо нэхъ гугъусыгъухэр къызэзынэкIа къэрал щхьэхуитщ. Апхуэдэ насып абхъаз лъэпкъым зэригъуэтам Сосналы СулътIан я пашэу мафIэм хыхьа ди щIалэхэм я фIыщIэщ.

«Сосналы СулътIан Абхъазым и тхыдэщIэм къыхэлыдыкI лIыхъужьхэм ящыщщ, - итхыжащ Бэгъэпщ Сергей. – Ар гушхуэ зыкIуэцIылъ, удэлэжьэнуи удэуэршэрынуи гухэхъуэ цIыхут. Дэ, абхъазхэр, гугъуехь дыщыIущIэм, ди насып къикIащ апхуэдэлI дэIэпыкъуэгъуу дгъуэтыну».

Подполковникыу щIэзыдза Сосналыр зауэм и кIэм генерал-лейтенант хъуат. Хъыбару кърахьэкI ар Абхъазым зыхъумэжыныгъэмкIэ и министру лэжьэху Куржым а IэнатIэ дыдэр зезыхьэ генералиплI щызэрахъуэкIауэ.

Саугъэтхэм цIыхум ищIар нэсу къагъэлъагъуэу пхужымыIэнуми, абыхэм лIыхъужьыр зрикIуа гъуэгум и лъэужь къытранэ. Сосналым «Абхъазым и лIыхъужь», «СССР-м щIыхь зиIэ и кхъухьлъатэзехуэ» цIэ лъапIэхэр къыфIащащ. Бэракъ Плъыжьым, Невский Александр, «Ахьдз-Апша» орденхэр къыхуагъэфэщащ. Ауэ дамыгъэхэм я нэхъ лъапIэу абы къыIэрыхьащ куэдым гъащIэм къримыт Iэмал гъуэзэджэ – лей къызытехьа лъэпкъым и къыщхьэщыжакIуэ пэж хъунымрэ цIыхухэр къыхуэарэзыуэ дунейм ехыжынымрэ.

* * *

Дзэ дипломат лъэщ

Ди зэхущытыкIэхэр ефIэкIуэнымкIэ къалэнышхуэ ягъэзэщIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Кавказ Ищхъэрэм, Ипщэ щIыналъэм и адрей хэгъуэгухэм ящыщ ди къуэшхэм абхъаз лъэпкъыр гъащIэмрэ ажалымрэ хэдэн хуей щыхъум къызэрыкъуэувам. Сэ а лъэхъэнэ гугъум зыкъытщIэзыгъэкъуа  щIалэ щэ бжыгъэ куэд я цIэкIи, я фэкIи  сощIэж, ауэ а псом къахощхьэхукI Сосналы СулътIан.  Абы и цIэр Абхъазым пщIэшхуэ пылъу къыщапсэлъ. Зауэм щыгъуэ абы мыжейуэ ирихьэкIа жэщхэр,ди щIалэхэр бийм ебгъэрыкIуэным   гуащIэрэ акъылу хилъхьар си нэгу щIэтщ. Ди ТекIуэныгъэр къэблэгъэным хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ Сосналым. Абы и закъуэкъым, зауэ нэужьым ди хэкум и зыхъумэжыныгъэ IэнатIэм зегъэужьыным, гъэбыдэнми хэлIыфIыхьащ, лъэныкъуитIым зэдедгъэкIуэкIа зэпсэлъэныгъэхэми жыджэру хэтащ ар. А псори и щыхьэтщ Сосналы СулътIан дзэ дипломат лъэрызехьэу зэрыщытам.

Ардзинбэ Владислав.

 

ТекIуэныгъэр къизэуну къэкIуат

Абхъазым, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Кавказ Ищхъэрэ псом иужьрей зэманым цIыху  щэджащэу яIахэм  ящыщщ Сосналы СулътIан. Абхъазым и лъэхъэнэ нэхъ гугъу дыдэм цIыху телъыджэу къытхыхьат ар – къэкIуат текIуэныгъэр къизэуну. Урысей Федерацэм Абхъаз Республикэр щхьэхуиту къыщилъытам, сэ жысIауэ щытащ ар зи фIыщIэр Сосналы СулътIан и унафэм щIэту зэуа, хэкIуэда щIалэхэр зэрыарар.

Бэгъэпщ Сергей.

ЛIыхъусэжь хуэдэр

Си кIэн къикIри а цIыху гъэщIэгъуэным и гъусэу илъэс куэдкIэ сылэжьэну къысхуихуащ.  

Дзэпщ Сосналы СулътIан хуэдэ гъуэтыгъуейт, абы хэлъыр дзэунафэщIым и хьэлхэм я закъуэтэкъым, атIэ цIыху зэпIэзэрытт, интеллигентт. Дзэ лэжьыгъэм сызэрыхуэмыхамэм тещIыхьауэ  жысIэфынущ СулътIан командир, дзэпщ къызэрыгэукIыу зэрыщымытар. 

Совет Армэм хъыжьэу игъэса, IэнатIэм къулыкъушхуэ щызыIэрызыгъэхьа лIым иджырей дунейм узыщримыхьэлIэ хьэл-щэнт игъэлъагъуэр. ЛIыхъусэжь хуэдэт ар …  ИкIи сыт хуэдэ лъагапIэхэм нэмысами, а щэным зэи текIакъым.

Сигу къинэжащ Сосналым япэу сыщрихьэлIа махуэр. Ар зауэм и пэщIэдзэ дыдэт, Гудаутэ дэт «Волга» санаторэм дыщызэхуэзат. Сэ слъэгъуащ   ешаифэ, макъ щабэкIэ, ауэ ткIийкIэ унафэ зыщI лIыр.   

Зэи хуэдмыщIэжыфын къытхуищIащ абы а лъэхъэнэм. Кавказ къуршхэм къызэпрыкIыу, и къуэш адыгэхэр и гъусэу курыжы-абхъаз зауэм къэкIуа СулътIан, зауэ нэужьми къэнат лъэпкъыдзэ зэхуишэсын папщIэ. А дзэпщым и къарурэ узыншагъэрэ емыблэжу абы щыгъуэм тхузэтриухуа IэнатIэм нобэ зыдогъэужь. Абы фIыуэ илъагъурт и хэку Урысейри, и лъахэ цIыкIу Къэбэрдей-Балъкъэрри. Ауэ Абхъазри апхуэдэ дыдэу фIыуэ илъагъуфащ, игу дыхьащ.

АпхуэдизкIэ фIыуэ илъагъут абхъазыщIри, и зыгъэпсэхугъуэ пIалъэр къэсу Къэбэрдей-Балъкъэрым кIуэжа пэтми, Абхъазым къигъэзэжри, ЗыхъумэжыныгъэмкIэ министерствэр и нэIэ щIэту ди дзэр  иригъэфIэкIуащ. Хахуагъэмрэ дзыхьымрэ зыхэлъ цIыхурщ апхуэдэ дзэпщ лъэрызехьэ хъуфынур. Апхуэдэт Сосналыр. Абхъазым и лъэпкъ лIыхъужьыр, ди адыгэ къуэшыр  зэи тщыгъупщэнукъым.

Анкваб Александр.

 

 

 

 

Зыгъэхьэзырар НэщIэпыджэ Замирэщ.
Поделиться: