Я гуэлхэр щхъуантIэщ, я псыежэххэр уэрщ

«Си щIыпIэ жыжьэ» зэпеуэм хэту Гуэл ЩхъуантIэхэм щрихьэкIа махуэхэм топсэлъыхьыж «Земля ветлужская» газетым и корреспондент Груздевэ Нинэ.

Унафэр гурыIуэгъуэщ! Гуэл ЩхъуантIэхэм ятеухуа «шэрхъ репортаж» ттхыну докIуэ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ Гуэл ЩхъуантIэхэм уащыIуплъэкIэ, иджыри къэс слъэгъуа гуэлхэм щхъуантIэу зыри зэрахэмытар къыбгуроIуэ.

 Гуэл ЩхъуантIэхэр зыр адрейм зыкIи емыщхь гуэлитху мэхъу. Зэбгъэдэту щыт ипэреитIым щыщу тлъагъуфар етIуанэрщ. Нэхъ лъагэм альпинистхэм фIэкIа дэкIуеифыркъым. Ауэ дэтхэнэ зыми гъэр узыщI дахагъэ ядыболъагъу. Псы щIыIур апхуэдизкIэ мамырщи, я пщIэр яIыгъыжу абдеж дыдэм щыт бгыхэр гъуджэм ещхьу къощ.

Мыбдежым цIыхухэм хуиту зыщагъэпсэхун папщIэ сытри щыIэщ. Гуэлхэр шхапIэхэм, сабий джэгупIэхэм къаухъуреихь. Псы Iуфэм сыIуту бдзэжьейхэм сахэплъарэт жыпIэми, къохъулIэнущ. ЗыплъыхьакIуэр сурэтыншэ хъунущ жыпIэу умыгузэвэн хуэдэуи, сурэт зытрегъэхыным хуагъэхьэзыра къуэгъэнапIэхэр щыкуэдщ.

Гуэлхэм я зым «Щэху»-кIэ йоджэ. ЗымыцIыхум къыхуэмыгъуэтын хуэдэу щхъуантIагъэм хэгъэпщкIуащ ар. Iэпкълъэпкъым зебгъэгъэпсэхун папщIэ зыри зэпхьэлIэн хуэмейуэ, абы уIуплъэмэ, гупсэхугъуэм узэщIещтэ. Псыр апхуэдизкIэ къабзэщи, и лъащIэм щIэлъ мывэ, удз, лъэдакъэ цIыкIу къэс уолъагъу. Ауэ мы дахагъэр укъэзыгъапцIэщ. Тхъуэбзащхъуэ зэрыхэлъым къыхэкIыу, мы гуэлым псэущхьэ хэскъым. Аращ икIи гуэлыр щхъуантIэ зыщIыр. И лъащIэм и кууагъыр метр 279-рэ хъууэ хуагъэфащэ.

ЗыплъыхьакIуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым ахъшэ кърагъэлэжьу щытын хуейщ. 202I гъэм и кIуэцIкIэ Республикэм цIыху мелуаным нэс щыхьэщIащ. Ауэ щыхъукIэ, езы щIыналъэм цIыхуу исыр зэрыхъур мин 900 къудейщ.

Пасэ зэманым гуэлхэр зэрызэхэлъыр къэзыхутэу щыта щIэныгъэлIхэм я пIэ иджы итщ «сом 300 зи уасэр сом 200-кIэ къозытыну» сатуущIхэр. Нэхъыбэу ар хэкурыс цIыхубзхэрщ. Абыхэм езыхэм я Iэдакъэ къыщIэкIа хьэпшыпхэр зыплъыхьакIуэхэм иращэ: цымрэ мэлыфэмрэ къыхэщIыкIа щыгъынхэр, цIуугъэнэхэр, шхыныгъуэ IэфIхэр, щIыпIэр къызытещ малъхъэдис цIыкIухэр. IуэхущIапIэхэр щымащIэщ, улахуэхэр цIыкIущ, аращи, зыгуэру зумыгъэхъейуэ хъунукъым, унагъуэр бгъэшхэн папщIэ.

Псэлъэгъу къысхуэхъуа цIыхубзым пхъу балигъитI иIэщ. Зыр иригъэшащ. Кавказым хьэгъуэлIыгъуэ щыпщIын щхьэкIэ, ахъшэшхуэ ухуейщ. Мелуаным нэхърэ мынэхъ мащIэ токIуадэ нысашэм. Ауэ цIыхубзыр абы игъэдзыхэркъым. Аракъым абы и жагъуэ хъур. Гуэлым и хъуреягъкIэ щыт жыгхэр цIыхум къытеукIуриен хьэзыру зэрыщытырщ. Администрацэм сыт хуэдизрэ жраIами, къафIэIуэхуакъым.

Сыт Къэбэрдей-Балъкъэрым умыкIуэу щIэмыхъунур? Япэрауэ, мыбы и щIыуэпсым хуэбгъэдэфын гъуэтыгъуейщ. Республикэм и щыхьэр Налшык бгищым къаухъуреихь. Псы хущхъуэ къыщIэжыпIэу I8-м нэс иIэщ КъБР-м. Мыбы щыплъагъу псыежэххэр зежэу аракъым, бгым къохуэх. Гъатхэм ахэр и гъуэгум зыри къытезымынэ псы уэрщ, гъэмахуэм – щIыIэтыIагъыр зыфIэмыкIуэд псыхьэлыгъуэ Iэсэлъасэщ.

Мы щIыналъэм напэкIуэцI гущIыхьэ куэд ехъумэ тхыдэм щыгъэпщкIуауэ. Ауэ щыхъукIэ, Урысейм ифI зэкIа цIыху цIэрыIуэхэри щымащIэкъым. Сыт нэхъри нэхъыщхьэр мыбы щыпсэу, бысым гумащIагъкIэ укъэзыхьэху цIыхухэрщ. Дэтхэнэ хьэщIэри мыбы къызэрыщалъытэр Алыхьым и лIыкIуэущ. Гу лъумытапIэ иIэкъым я хабзэхэр зэрахъумэжым, нэхъыжьхэмрэ цIыхубзхэмрэ пщIэ зэрыщыхуащIым, сабийхэр зэрыщагъафIэм, Урысеишхуэм и Iыхьэу зэрыщытым зэрыригушхуэм».

                                              

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: