Си гур Налшык къыщызогъанэ

Уфа щыщ Коченковэ Еленэ и репортажыр зытеухуар Налшыкрэ а къалэм щызригъэцIыхуахэмрэщ. ЦIыхубзыр щолажьэ «Октябрьский нефтяник» газетым.
«… Абдежым «Кабардино-Балкарская правда» газетым къытехуа, «Си щIыпIэ жыжьэ» фестивалыр къыщызэIуахым траха сурэтым си нэр тохуэ. Пэжыр жыпIэмэ, ди къалэ газетми къыщытрадзауэ щытащ си сурэтыр. Ауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэмрэ Парламентымрэ я газетым уи сурэт къытехуэныр насып къызэрымыкIуэт! Ари Налшык сыкъызэрыкIуэрэ ещанэ махуэм! 
Налшык! Иджы а псалъэр си дежкIэ макъ къудейкъым. Ар къалэ-зыгъэпсэхупIэщ, хадэщ, паркщ. Дахащэу, къабзэлъабзэу, щхъуантIэу. ЗэгурыIуэныгъэм и утыкум щыджэгу псыутххэм ябгъэдэту къалэдэсхэр къэфэнкIэ зэпоуэ. Сохъуапсэ мы къомыр зи нэгу щIэкI хьэщIэхэм. 
Марие и цIэр зезыхьэ утыкур щIыналъэр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 щрикъум яухуащ. Сыт махуэшхуэмрэ мы цIыхубзымрэ зэхуаIуэхур? КъызэрыщIэкIымкIэ, урыс пащтыхь Грозный Иван и щхьэгъусэхэм язу щытащ Темрыкъуэ и пхъур. Адыгэпщымрэ урысыпщымрэ благъэ зэхуэхъуа нэужь, Къэбэрдеймрэ Урысеймрэ зэгухьэн щIадзащ. 
Урысейм и къалэ нэхъыфIхэм я зыр дэзыгъэцIыхуа Фроловэ Дарье апхуэдизкIэ хъыбар гъэщIэгъуэн куэд къыттрипхъащи, ахэр зэгъэзэхуэным зэманышхуэ ихьынущ. Къэбэрдей-Балъкъэрыр апхуэдизкIэ си гум дыхьащи, Iэмал имыIэу нэзгъэсынущ а лэжьыгъэр. Мыбы щесхьэкIа дакъикъэ къэси си гум щызгъэфIэнущ. 
ЩIыпIэшхуэ иубыдыркъым Къэбэрдей-Балъкъэрым. Ипщэ гъунапкъэм щегъэжьауэ ищхъэрэм нэс укIуэцIрыкIыным ихьар сыхьэтитI-щыщ. Илъэс ипэкIэ срикIуауэ щытащ мы гъуэгухэм, Iуащхьэмахуэ сыкIуэу. Сигу къинэжар къуажэхэм къыдэкIауэ губгъуэхэм хъуакIуэу ита жэмхэрщ. Кавказыр зыхэпсэукIыр гъэшымрэ лымрэщ. Мэлыхъуи Iэщыхъуи ящхьэщымыту, гуартэуи зырызуи Iэщхэр дэнэкIи щыболъагъу. Жэмхэр гъуэгукум къиувэн тIэу еплъынукъым. Машинэр абы блэжыфынри шэч зыхэмылъ Iуэхуу щыткъым. ЩIыпIэр езыхэм зэрейр ящIэжущ зэрыхъуакIуэр. Жэмхэр щагъэлъапIэ Индием ущыIэу зыкъыпщохъуж зэзэмызэ. 
Зи теплъэр дахащэ Гижгит гуэл IэрыщIыр сигу къинэжащ. Вольфрамрэ молибденрэ къыщыщIах Тырныауз дэт комбинатым и фIыгъэщ ар зэращIар. ЗэкIэ зыщыбгъэпскI хъунукъым. Сыту жыпIэмэ, и лъащIэм Менделеевым и таблицэр зэрыщыту щIэлъщ. Пэжщ, абы метр 30 и кууагъщ. Ауэ и Iуфэр хуэмурэ зэлъыIуах, бдзэжьейхэри хаутIыпщхьащ. 
Мэкъуауэгъуэм и I-р Джэдыкъуэ къыщидгъэхьат. Сабийхэм я махуэшхуэм ирихьэлIати, пщIэншэу удагъэхьэрт. Псыр зи Iупэхэр зэтемыхьэж сабийхэм яуфэбгъуат. Iэуэлъауэншэу зыщыбгъэпсэхуф пщIантIэ цIыкIухэр щызэрагъэпэщащ абы. ЩIэрыщIэу дыкъалъхужам ещхьу дыкъыдэкIыжащ Джэдыкъуэ. 
Мы гъэм щIэуэ си гукъэкIыжхэм къыхэхъуар Шэджэм псыкъелъэхэрщ. Си лэжьэгъухэм срагъусэу абы япэ махуэм дашат. Езы псыкъелъэхэр цIыхуIэ зэмыIуса телъыджэщ. Абыхэм ущеплъкIэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и уасэр къыщыбгурыIуэр. 
Пэжщ, Къэбэрдей-Балъкъэрыр инкъым, ауэ абы щIыналъэр нэхъ лъапIэж ещI. Зэман куэд лъандэрэ Налшык быдапIэ къалэу къалъытэ. Абы щызэдэпсэу лъэпкъ псоми лIыхъужь тхыдэ яIэщ. Арагъэнщ унэ лъапсэхэр зэрыхъукIэ нэхъ лъагэу мывэ бжыхькIэ къыщIэхухьар. «Си унэр – си быдапIэщ» псалъэжьыр лъыкIэ къащэхуащ хэкурысхэм. 
Налшык ущыдэлъадэкIэ занщIэу уи нэм къеубыд дыщэпскIэ тха «Навеки с Россией!» псалъэхэр. Сэ фIыуэ солъагъу си Хэкур. Сэ, пэж дыдэу, сыщогуфIыкI мы лъэпкъыр зэрыдигъусэм. 
Фроловэ Дарье щIыналъэм щыщ цIыхухэм лIыгъэшхуэ зэрахэлъым и хъыбар куэд къыджиIэжащ. Абы щызэдопсэу лъэпкъи II0-м нэс. Ауэ а псалъэм зэи зыри епцIыжакъым. 
Ди фестивалыр иухынурэ псори унэм декIуэлIэжынущ. ДымыщIэ гуэр къызэрытщIам нэмыщI, дэ гукъэкIыж куэди здэтхьыжынущ унэм. Псалъэм папщIэ, Налшык деж Кавказ Ищхъэрэм и гъуэгуищэ зэрыщызэблэкIыр. Къэбэрдей-Балъкъэрым цIыху мин 860-рэ фIэкIа зэрыщымыпсэур. Ар Башкортостаным ди щыхьэр Уфа дэсым нэхърэ нэхъ мащIэщ. 
Налшык Лениным и цIэр зезыхьэ и утыкум и цIэр щахъуэжа щхьэкIэ, езы фэеплъыр абдеж дыдэм къранащ. А цIэ дыдэр зезыхьэ уэраму Кавказ Ищхъэрэм итхэм Налшык ейм нэхърэ нэхъ кIэщI яхэткъым, ар зэрыхъур километри 2,5-рэщ. 
Налшык и закъуэщ бжэн бэзэр зиIэр. Абы бжэныцым къыхэщIыкIа щыгъынхэр пудыбзэу щащэ. Зыщэ цIыхубзхэр абдеж дыдэм цы щызэрахъэри щысщ. 
Дэ дыщыпсэуа «Маяк» хьэщIэщым Шаляпин Фёдори щIэсащ. ПщIэнукъым, ар къыщыувыIар дэ дызыщIэса пэшрауэ къыщIэкIынкIи хъунущ. 
ИлъэсипщI фIэкIа сымыхъуу пионерлагерь сыщыщIам щыгъуэ, Iуащхьэмахуэм теухуауэ «Эльбрус-красавец» жыхуиIэ уэрэдыр зэзгъэщIауэ щытащ. Абы ежьу хэтт: «Ирегъагъэ ди Къэбэрдейр!»
Мы махуэ зыбжанэм си дежкIи лъапIэ хъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрри, сэри сабийм хуэдэу абы сыхуохъуахъуэ дяпэкIи ефIэкIуэну». 
 

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: