Хущхъуэ лъапIэмкIэ къызэрагъэпэщ

Илъэс 80 зи ныбжь налшыкдэсым сом мин 200 и уасэ хущхъуэр Iэрохьэ суд приставхэм я нэIэ тету. 

I942 гъэм къалъхуа налшыкдэсым илъэс зыбжанэ хъуауэ лышх узыфэ пкърытщ. Абы къыхэкIыу цIыхухъум Iэмал имыIэу зрихьэлIэн хуейщ «Сорафениб» хущхъуэр, зы упаковкэр сом мин 200 и уасэу. 
Пенсионерым ар къищэхуныр хузэфIэкIынутэкъым: сымаджэм хуагъэува хущхъуэхэр етыным ехьэлIа контракт зэщIылIэнымкIэ къалэнхэр 20I7 гъэм пщэрылъ щащIащ Узыншагъэр хъумэнымкIэ щIыналъэ министерствэм.
Абы къыщыщIэдзауэ Iуэхур зэкIэлъегъакIуэ Урысей ФССП-м и Управленэу КъБР-м щыIэм и Налшык къалэ къудамэм. IуэхущIапIитIым я къарукIэ судым и унафэр хабзэм игъэува пIалъэм къитIасэу ягъэзащIэ. 
Аращи, суд приставхэм я нэIэ тету илъэс 80 хъу налшыкдэсыр хущхъуэмкIэ и чэзум къызэрагъэпэщ: абы йоIэзэ и дохутырым хуигъэувам тету. 
 
 

УАРДЭ Жантинэ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:42 ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 Щыуагъэм щахъумэу