Ныбжьэгъу пэжИлъэс 50-м нэблэгъауэ Заур соцIыхури, фIы фIэкIа схужыIэнукъым. 1973 гъэм «Кабардинкэм» сыщыхыхьам, Марыщыр солисту хэтащ. ИкъукIэ дахэу къафэрт. Абы игъэзащIэу сигу къинахэм ящыщщ «Ислъэмей», «Псынэм деж» къафэхэр. Абы лъандэрэ дызэныбжьэгъущ, ерыскъы IэфI куэд зэдэтшхащ, мазэ бжыгъэкIэ гъуэгу дызэдытетащ. Ди къэралыр зэрыщыту къызэхэткIухьащ. 1974 гъэм Ипщэ, Центральнэ, Ищхъэрэ Америкэхэм, мазиплIым къриубыдэу къэрал 18-м дыщыIат. А лъэхъэнэращ дэ нэхъ гъунэгъуу дызэрыцIыхуу ныбжьэгъу дыщызэхуэхъуар. Ар ящыщщ гурэ псэкIэ лъэпкъ къафэр фIыуэ зылъагъу, абы хуэпэж цIыхухэм. Дауи, ар пенсэм тIысыжа иужь нэгъуэщI IэщIагъэм зрипщыт хъунут, ауэ, и гум жиIэм ебэкъуэфакъым армыхъу.
Поделиться:
Читать также:
13.05.2024 - 17:30 →
ТекIуэныгъэ Иным траухуэ
10.05.2024 - 22:19 →
ЕджакIуэхэм зыкъагъэлъагъуэ
10.05.2024 - 12:36 →
Зэманым жьы хуэмыщI уэрэд
07.05.2024 - 17:46 →
Зи напэ емыплъу лъэбакъуэ зымыча
07.05.2024 - 12:25 →
КъардэнгъущI Зэрамыку игъэзащIэу щыта уэрэдыжьхэр зэхуэхьэсауэ
|