ГъащIэм щыщ теплъэгъуэхэрЗыри пхуэсщIэфынукъым
ПцIыр сыткIэ щхьэпэ, журналистхэм яхэтащ колхозхэм, совхозхэм кIуэурэ тIэкIу яфIефэн-яфIешхэн, якIэрышхыхьын зимыжагъуэхэр. Зы гъэ корреспондентитI зэщIыгъуу кIуат Бахъсэн щIыналъэм хиубыдэ колхоз гуэрым. Ятхынур зэфIэкIа нэужь, колхоз тхьэмадэм къыгурыIуащ щIалэжьитIым зы бжьэ щадзмэ, шэджагъуашхэ ящIмэ, зэрамыжагъуэр. Езыр хущIыхьэртэкъыми, и шофёрыр къриджэри жриIащ: ЩIэщхъу Зы гъэ, гъэмахуэку мазэу, ди лэжьапIэм и автобусымкIэ гъуэгуанэ дытеуват Каспий тенджызым и Iуфэ махуэ зытIущкIэ дыщыIэн мурадкIэ. ЦIыху I5 хуэдиз дыхъурт зэлэжьэгъухэр. ДыздэкIуэм къуажэ, къалэ дызыблэжхэм дыкъыщыувыIэурэ псы къэтщэхурт, цIыхухъухэм IэфIыкIэ, морожнэ бзылъхугъэхэм щхьэкIэ къащтэрт. ЗылI дигъусэт Мурадин (и цIэр зэсхъуэкIащ) жари. Хуабжьу къузгъунт. «Мурадин, ди хъыджэбзхэм морожнэ зырыз къахуэпщэхум хъуркъэ», - жаIэу къраIуэкI щхьэкIэ, дыхьэшхыпцI зищIырти, жэуап яритыжыртэкъым. Автобус кIуэцIым тIэкIу дыщедзакъэми къытхыхьэртэкъым. Езым иIыгъ гъуэмылэм къыпишхыкIырт хуэм цIыкIуурэ. Дагъыстэн щIыналъэм дихьауэ зы къуажэ гуэрым деж дыкъыщоувыIэ. Ди гъусэ жьэнахуэхэм ящыщ зы мо лIым щохьэпэ: Адыгэбзэ ныкъуэ Ди кхъэхэм уихьа нэужь, сынхэм тетхам уеплъмэ, укъоуIэбжь. Языныкъуэхэм щыуагъэ зыхэт адыгэбзэкIэ, адрейхэм урысыбзэкIэ тратхэ. А цIэ-унэцIэ тIэкIум щыуагъэу хащIыхьыр сыт хуэдиз. КъимыдэкIэ, ущыадыгэкIэ, уи цIэ-унэцIэри адыгэбзэкIэ тетхэн хуейщ. Ярэби, апхуэдэу IэхъуэгъуэтегъэкIыу щхьэ бгъэдыхьэу пIэрэ а Iуэхум? Дунейм ехыжар зейхэр адыгэбзэкIэ тэмэму мытхэфмэ, къуажэм дэскъэ ди бзэр езыгъэдж е щыуагъэншэу тхэ? Абыхэм ечэнджэщ хъунукъэ?
Поделиться:
Читать также:
08.05.2024 - 13:05 →
ЩIэныгъэлI усакIуэхэр
07.05.2024 - 14:31 →
Къэбэрдейм цеипхъэжь джанэр зэрыщаха щIыкIэр
06.05.2024 - 16:22 →
ФIыуэ флъагъухэм закъевгъащIэ!
06.05.2024 - 13:00 →
ЛIыгъэр зыгъэунэхуар
03.05.2024 - 15:00 →
Гъатхэпежьэ удз гъэгъахэр
|