Япэ итхэм хабжэУФ-м ЦIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымрэ щIэныгъэ нэхъыщхьэмкIэ и министерствэм и унафэ щIэт университетхэр (ахэр 700-м щIегъу) хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм зэрадэлажьэмрэ я IуэхущIафэхэр зыхуэдэр цIыхубэм зэрыхагъаIуэмрэ ятеухуауэ мазэ къэс ирагъэкIуэкI медиакъэпщытэныгъэм Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр къыщыхэжаныкIащ. КъБКъУ-р медаижыджэрагъкIэ нэхъыфI дыдэу къалъыта процент 30-м хиубыдащ.
КъБКъУ-м Лэжьыгъэр къызэгъэпэщынымрэ мониторинг къэхутэныгъэхэр егъэкIуэкIынымкIэ и центрым и унафэщI Квашин Виталий зэрыжиIамкIэ, къэрал къулыкъущIапIэхэм ирагъэкIуэкI медиакъэпщытэныгъэхэм Iуэхугъуищ къыщалъытащ: «Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэмрэ езыгъэкIуэкI еджапIэ нэхъыщхьэхэм я фIагъыр къыщалъытэкIэ, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм зэрадэлажьэми фIэкIыпIэ имыIэу йоплъ. Апхуэдэу университетхэр хэгъэгупсо, урысейпсо икIи дунейпсо хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм зэрадэлажьэм, и IуэхущIафэхэр Интернетым къызэрыщыгъэлъэгъуамрэ зэрыщызэбгрыкIымрэ, хъыбархэр къызрагъэувэ напэкIуэцIхэмрэ сайтхэмрэ я гъэпсыкIэм кIэлъоплъ. Университетхэр хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм зэрапыщIа щIыкIэр къыщахутэкIэ, абы иригъэкIуэкI лэжьыгъэмрэ ар зэфIэзыгъэкIхэмрэ ятеухуауэ щIыпIэмрэ къэралымрэ къыщыдэкI газетхэм къытехуэ тхыгъэхэр зыхуэдизыр, ахэр зылъэIэс цIыху бжыгъэм я ныбжьыр, щIыпIэ икIи къэрал телевиденэхэм къыхуащI гулъытэмрэ абыхэм щагъэхьэзыр нэтынхэм я бжыгъэмрэ, университетым жылагъуэм дежкIэ мыхьэнэ зиIэ проектхэм къазэрылъыгъуазэр, абыхэм ятеухуауэ эфир занщIэкIэ ягъэхьэзырахэм я куэдагъ-мащIагъыр къалъытэ. Мыхьэнэшхуэ иIэщ щIыналъэ университетхэм я гугъур УФ-м ЦIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымрэ щIэныгъэ нэхъыщхьэмкIэ и министерствэм и сайтым къызэрырагъэувэми. Медиажыджэрагъыр къыщахутэкIэ, университетхэм я лэжьыгъэр Интернет дунейм къызэрыщыгъэлъэгъуам и фIагъри къалъытэ. Псалъэм и хьэтыркIэ, уи напэкIуэцI уиIэжрэ умыщхьэхыу ебгъэкIуэкI лэжьыгъэм теухуа хъыбар кIэщIхэр къибгъэувэкIэ зэфIэкIынукъым. Иджы медиакъэхутэныгъэм къегъэув а жыджэрагъыр нэхъыбэм ялъэIэса зэрыхъури, цIыхухэр къызэрыпэджэжри, хъыбархэм къазэрыкIэщIэтхыхьри, ахэр зэрызэбгратыкIри къэлъытэныр. «Жылагъуэ индекс» жыхуаIэ пщалъэм и купщIэр нэгъуэщI хъуащ – нэхъапэхэм хъыбарыр зэбгрыптыкIырти, къалэныр пщхьэщыкIырт. Иджы Iэмалыншэу ар жылагъуэ гъащIэм щыщу, зэпымычу узытепсэлъыхьын хуей Iуэху къызэбгъэпэщыфу щытыпхъэщ. Абы къикIыр аращи, хъыбарегъащIэ IэнатIэм жэщ-махуэ имыIэу зебгъэужьу, ебгъэфIакIуэу щытын хуейщ. Арагъэнущ видеонапэкIуэцIхэм я пщIэм зиIэту щIыхуежьар. Еджэр нэхъ мащIэ, еплъыр нэхъыбэ зэрыхъум и мызакъуэу, екIуэкI Iуэхугъуэр нэхъ гурыIуэгъуэу щытын папщIэ видеохэр техынри, абыхэм я техыкIэ хъуами, ахэр цIыхубэм зэралъэбгъэIэсами мыхьэнэ иIэ хъуащ. Медиакъэхутэныгъэхэр щрагъэкIуэкIкIэ, зымащIэкIэ гулъытэншэ хъуркъым сайтым и гъэпсыкIэри. Уеблэмэ, абы къаруушхуэ щиIэр нэхъыбэщ. Япэ IуэхугъуитIыр къызэрыпфIэIуэхур къэбгъэнэIуэн, уи гугъур жылагъуэ утыкум имыкIыу итын папщIэ сайтыр Iэрыхуэу зэрыгъэпсам, узыхуей хъыбарыр псынщIэу къыщыбгъуэтыфу зэрызэхэгъэувам куэд иIыгъщ. Абы къищынэмыщIауэ, мазэм и кIуэцIкIэ сайтым цIыхуу хыхьэри, а цIыхухэр зыщыщ жылагъуэ гупхэри (университетым и лэжьакIуэхэра хьэмэрэ абы и IуэхущIафэхэр зыфIэгъэщIэгъуэн цIыху къызэрыгуэкIхэра), сайтым и кIуэцIкIэ цIыхум щигъакIуэ зэманри щхьэхуэу къахутэ. Зэрынэрылъагъущи, дзыгъуэ гъуанэ дихьа къамыгъанэу щIапщытыкI. ХъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я мыхьэнэм кIуэтэху хохъуэ, дэри абы зыкъыкIэрыдмыгъэхуныр ди къалэнхэм хохьэ».
Поделиться:
Читать также:
13.05.2024 - 15:21 →
Мамырыгъэм и жьэгур Налшык щызэщIагъэблащ
13.05.2024 - 12:10 →
ФIыуэ флъагъухэм закъевгъащIэ!
12.05.2024 - 13:02 →
Iуащхьэмахуэ даха ныпхэр
12.05.2024 - 12:58 →
Бзэ зимыIэр лъэпкъыншэщ
11.05.2024 - 15:33 →
Дунейм и нэху
|