ГурыщIэ къабзэм и макъамэ

ЩыIэу къыщIэкIынкъым мэзыр фIыуэ зымылъагъу, абы кIуэуэ и хьэуа къабзэмкIэ бэуэну зыфIэмыфI, и хъугъуэфIыгъуэм щыщ кIэдахъуэкIэ къищыпыну, щыщэкIуэну, и нэгу зыщригъэужьыну хущIэмыкъу. ЩIэмыхъуэпс щыIэми – зырызщ. А зырызым сэри сахэтщ. «Сахэтщ» жыпIэнри тэмэм дыдэкъым. Сахэтащ. Сахэтащ жысIэ щхьэкIэ, мэзыр фIыуэ слъэгъуауэ, абы сыкIуэну си нэ къикI фIэкIа, сыкIуакъым. Гъэмахуэ хъууэ, мэзым щхъуантIагъэ дахэкIэ зэрызихуапэу, сэ абы сыкIуэну си гум къохьэ, ауэ ар фIыуэ сэзыгъэлъэгъуар си нэгу къызэрыщIыхьэжу, си гукъыдэжыр мэкIуэдыжри, нэщхъей сохъу. Ар псэужкъым… 
Си нэгу къыщIохьэж мэзым сызышэу абы и щэху псори къысхуэзыIуэтэну, и сабиигъуэр щигъэкIуа щIыпIэр сэзыгъэлъагъуну сыкъэзыгъэгугъа цIыху щыпкъэм, усакIуэм, тхакIуэм, драматургым, публицистым мэзым сыкIуэрейуэ зэрыщымытыр щыжесIэм, ар зэригъэщIэгъуар. 
Гъэмахуэт. Гуэдз Iухыжыгъуэт. «ТхакIуэхэр микрофоным Iутщ» нэтынхэм ящыщ зы игъэхьэзырыну Мысачэ Пётр селъэIуащ. Петр, зэрихабзэу, пыгуфIыкIри, и нэ пIащитIыр къыстриубыдащ. Заулрэ псалъэншэу къызэплъри, аргуэру пыгуфIыкIащ. 
«Хъунщ, укъызогъэгугъэ, ауэ… – и псалъэр зэпигъэуащ Пётр. – Зы «ауэ» Iуэхум хэлъщ: сэ уздэсшэнум, къомыхьэлъэкIыу, си гъусэу накIуэ». 
Сэ ар къэзгъэгугъащ. ЕтIуанэ махуэм дежьащ. Дэ дигу къэдгъэкIыжащ япэ дыдэ дызэрызэхуэзар: си новеллэхэм ящыщ зы хуэсхьу сукIытапэурэ журналым и редакцэм сыкIуауэ зэрыщытар. ИужькIэ дытепсэлъыхьащ си диплом лэжьыгъэр абы и прозэм зэрытезухуам, ар щыстхым, дызэхуэзэу адыгэ литературэм, урыс совет литературэм зэрызаужьым и гугъу куэдрэ зэрытщIам, нэгъуэщI Iэджэми я щхьэфэ дызэриIэбам. Апхуэдэурэ, тхакIуэр къыщалъхуа Псыгуэнсу къуажэм дынэсащ. Петр и адэ лъапсэжьым сишащ, и анэр иужь дыдэу зыщIэлъыжа пэшыр, блыным фIэдза абы и сурэтхэр сигъэлъэгъуащ, хадэм сришэри, жыгхэм я гугъу къысхуищIащ. «Мо ди мэзыр плъагъурэ, – гушхуэу и щхьэр ищIащ къуажэ щIыбым къыдэт мэзымкIэ, – еплъыт абы и дахагъым!» 
Дэ мэз дызэримыгъунэгъур, куэдрэ абы сыкIуэну къызэрысхуимыхуэр щыжесIэм, Пётр ар зэригъэщIэгъуэнур имыщIэу къызэплъащ: 
- Пэжу жыпIэрэ?! - и фIэщ мыхъуу къызэупщIащ аргуэру. 
- ЖызоIэ. 
- Къэлэрыхьи укIуакъэ! 
- И гугъу ящIу зэхэсха фIэкIа, зэи слъэгъуакъым. 
- Пэжуи?! 
- Пэжу. 
Пётр зыри жимыIэу зыкъомрэ къызэплъри, дыхьэшхыурэ жиIащ: 
- ГъэщIэгъуэн къызжепIащ. 
Куэдрэ зыдмыIэжьэу дытехьэжащ ди гъуэгуанэм. Жэмтхьэлэ дыкIуэу арат. Пётр и ныбжьэгъу, егъэджакIуэ Дэхъу Мухьэрэдин деж. Арат Пётр и тхыгъэр зытриухуэнур. 
ДокIуэ. Доуэршэр. Пётр къэлэрыр зищIысыр, къыщыкI зэманыр, щIыпIэр, ар пшхыну зэрыфIыр, бжьыныхум зэрещхьыр къызжеIэ. Сэри содаIуэ. Апхуэдэурэ, дыздэкIуэм дынос. Школым дымыкIуэу, Дэхъухэ я унэм дыIуохьэ. Куэбжэр Iутхыну дыхунэмысу, ди пащхьэм къохутэ лIы лъагэ зэкIуж. Пётррэ абырэ зызэрадзри, IэплIэ зэхуащI, зэшэкIауи унэм щIохьэ. Унэм дыщIыхьа нэужьи, зэбгъэдэкIуэтыжри зэплъыжахэщ. Зызэрадзыжри, IэплIэ зэхуащI... Аргуэру зэбгъэдокIуэтыжри зоплъыжхэ, еуэ IэплIэ зэхуащI. Иужьым къыщеудри, тIури магъ. Сэ зыри жызмыIэу гъуэрыгъуэу абыхэм соплъ. Сигу къокIыж Пётр и тхыгъэхэр урысыбзэкIэ зэридзэкIыну зи пщэ иралъхьа тхакIуэ Родичев Николай «Кхъужьейр мэгъагъэ» повестым и лIыхъужь, звеном и унафэщI Ланэ лIы щыдэкIуэм куэдрэ зэрыгъыр лейуэ къилъытэу ар Iуихыну щыхуежьэм, тхакIуэм зэрыхуимыдар. «Сэ си тхыгъэм хэт лIыхъужьхэмрэ персонажхэмрэ си кIуэцIым къикIа си бынхэмрэ си Iыхьлы гумащIэхэмрэ хуэдэу фIыуэ солъагъу. Абыхэм лей къатехьэу здэнукъым», – си тхьэкIумэм итт я унэм сыщIэсу Пётр къызжиIа псалъэхэр. Пэж дыдэу, ахэр фIыуэ илъагъурт. ЩIилъагъур гъащIэм къыхихати аращ.
 Пасэ дыдэу, 5-нэ классым щIэсу усэным гу хуещI щIалэ цIыкIум. Ар школым къыщызэрагъэпэща литературэ кружокым и лэжьыгъэм жыджэру хэтщ. Кружокым и унафэщI, адыгэбзэмрэ литературэмкIэ езыгъаджэ Пщынокъуэ ТIутIэ ирегъэлъагъу и усэхэр. ЕгъэджакIуэр къыщотхъу, нэхъри трегъэгушхуэ. «Мамырыгъэ» зыфIища и япэ усэр «Къэбэрдей пэж» газетым къытрадзэ. Куэд дэмыкIыу а газет дыдэм къытохуэ и етIуанэ усэ «Кореем и цIыхухэр». 
Мысачэ Пётр еджапIэр фIы дыдэу къеух. Къызэриухыу абы егъэджакIуэу къагъэнэж. ИлъэскIэ пэщIэдзэ классым щригъэджащ Пётр. Ауэ тхэным гу хуэзыщIа щIалэм и псэр псэхуртэкъым. И мурадым лъэIэсын папщIэ емыджэу хъунутэкъым. Ар фIыуэ къызыгурыIуэ щIалэр ди пединститутым и адыгэбзэ отделенэм щIотIысхьэ. А лъэхъэнэм литературэм зрет. Институтым и егъэджакIуэ, усакIуэ ЩоджэнцIыкIу Iэдэм щIалэм гу къылъетэри, и нэIэ тригъэкIыркъым. 
– Зэгуэрым, – игу къигъэкIыжырт Мысачэ Пётр, – футбол сеплъыну стадионым сыкIуат экзамен нэужьым. Iэдэм стадионым ису сыхуозэ. Сыкъыщилъагъум, Iэдэм сызыбгъэдешэри, сыкърегъэцIыху и гъусэу щыс тхакIуэ Теунэ Хьэчим. CыкъыщыIукIыжым, абы къызжеIэ: «Уи документхэр институтым къеIыхыжи, Iэдэм къет. Сэ уи усэхэр пхузэздзэкIынщи, Горькэм и цIэр зэрихьэу Мэзкуу дэт Литературэ институтым еджакIуэ узгъэкIуэнщ».
 Апхуэдэ щIыкIэкIэ, I95I гъэм Мысачэр Литературэ институтым щIотIысхьэ. Абы щыщеджэм етх цIэрыIуэ хъуа «Лъэпэд», «Псыгуэнсу», «Къурш псынэ» усэхэр. 1955 гъэм дунейм къытохьэ усакIуэм «Къурш псынэ» зыфIища и япэ тхылъыр. Абы къыкIэлъокIуэ тхылъеджэри критикхэри гуапэу зыIущIа «Уэращ зи фIыщIэр» етIуанэ усэ тхылъыр. Ауэ Мысачэм и макъым зилъэщIу зыщишэщIар еплIанэ («Уэгу пкIэлъей») тхылъырщ. 
60 гъэхэм я кIэм «Iуащхьэмахуэ» журналым къытехуэу щIадзэ Мысачэм и рассказхэм. Абыхэм я ужьым кIэщI дыдэу иту, дунейм къытохьэ «Кхъужьейр мэгъагъэ» повестыр. Абы нэрылъагъу къещI Мысачэм прозэмкIи зэфIэкIышхуэ зэриIэр, уеблэмэ, езы усакIуэм и псалъэкIэ жыпIэмэ, Пётр нэхъ «зыкъыщигъуэтыжар» прозэрщ. 
Мысачэ Пётр ди искусствэми культурэми хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ. Абы и Iэдакъэм къыщIэкIащ пьесэ, очерк купщIафIэ куэд. «Псэм и щIасэр нэм фIэдахэщ», «Ар уи напэщ» пьесэхэм къытращIыкIа спектаклхэр ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ ди къэрал драмтеатрым щагъэуври, илъэс куэдкIэ и репертуарым хэтащ. 

 

ХЬЭIУПЩЫ МуIэед.
Поделиться: