Махуэшхуэ зэIущIэхэр шынагъуэншэуНалшык щекIуэкIащ Урысей гвардием и щIыналъэ управленэмрэ КъБР-м щыIэ МВД-мрэ я зэIущIэ. Ар теухуат фокIадэм республикэм щызэхэтыну гуфIэгъуэ, фэеплъ Iуэхухэм шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщыным. КъБР-м щыIэ Урысей гвардием и управленэм и унафэщI, полицэм и полковник Васильев Сергей иригъэкIуэкIа зэхуэсым хэтащ щIыналъэ министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ я унафэщIхэр, къалэ администрацэм и лIыкIуэхэр. «Жэуаплыныгъэ зыпылъ лэжьыгъэшхуэ къытпэщытщ. Гулъытэ хэха хуэщIыпхъэщ цIыху куэд щызэхуэс щIыпIэхэр къэпщытэным. Iуэхухэр щекIуэкIыну щIыпIэхэм пэгъунэгъуу щыIэн хуейщ Урысей гвардием ведомствэм щIэмыт и хъумакIуэ IэнатIэм и плъыр гупхэр», - къыхигъэщащ Урысей гвардием и щIыналъэ управленэм и унафэщIым.
Поделиться:
Читать также:
04.05.2024 - 09:00 →
Егъэджэныгъэм и мардэщIэхэм хуокIуэ
30.04.2024 - 11:00 →
Унагъуэр - жылагъуэр зэтезыIыгъэщ
13.04.2024 - 15:23 →
Махуэшхуэм зыхуагъэхьэзыр
13.04.2024 - 10:08 →
Зэгухьэныгъэм зэфIигъэкIар
06.04.2024 - 10:26 →
Театрхэм я ехъулIэныгъэ, я гугъуехь
|