Гулъытэ гуапэКъБР-м и Парламентым дыгъуасэ щагъэлъэпIащ республикэм и цIыху гуащIафIэ 30-м щIигъу. - БлэкIа илъэси 100-м ди щIыналъэм ехъулIэныгъэшхуэхэр зыIэригъэхьащ, экономикэ, щэнхабзэ Iуэхухэм, цIыхухэр зыхуей хуэгъэзэным я лъэныкъуэкIэ. Мыпхуэдэ махуэшхуэхэм дежщ къызэбнэкIа лэжьыгъэм и мыхьэнэр нэсу щызыхэпщIэр, - жиIащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ. - ИкъукIэ дрогушхуэ щIыналъэм и зыужьыныгъэм, ар егъэфIэкIуэным хэлъхьэныгъэ хуэзыщIа дэтхэнэ цIыхуми. Нобэ абыхэм я гуащIэм пызыщэ защIэщ ди IуэхущIапIэм къедгъэблэгъар. Мыбдеж щIэсщ щIыналъэм зезыгъэужь IэнатIэ нэхъыщхьэхэм - промышленностым, ухуэныгъэм, туризмэм - я къару емыблэжу щылажьэхэр, узыншагъэр хъумэным, егъэджэныгъэм, щэнхабзэм, социальнэ IуэхущIапIэхэм я IэщIагъэлIхэр. Псори зэхуэдэ зыщIыр дэтхэнэри и лэжьыгъэм гурэ псэкIэ зэрыбгъэдэтырщ, и къару зэремыблэжырщ. ФIыщIэ ин фхудощI щIыналъэр егъэфIэкIуэным хэлъхьэныгъэ зэрыхуэфщIым папщIэ. Сынывохъуэхъу Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэси 100 зэрырикъумрэ нобэ къыфхуагъэфэща къэрал дамыгъэхэмкIэ. Узыншагъэ быдэ фиIэну, иджыри ехъулIэныгъэ куэд къэфхьыну ди гуапэщ.
Поделиться:
Читать также:
07.05.2024 - 11:21 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
03.05.2024 - 13:00 →
ЗэгурыIуэнукъым
27.04.2024 - 15:09 →
«Репатриант»-кIэ узэджэ хъунур хэт?
27.04.2024 - 09:58 →
Урысейм и парламентаризмэм и махуэм теухуа КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и хъуэхъу
25.04.2024 - 12:00 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
|