НОБЭ

ФокIадэм и 30, мэрем

♦ЗэдзэкIакIуэм и дунейпсо махуэщ

♦Абхъаз Республикэм и лъэпкъ гуфIэгъуэщ – Куржы-Абхъаз зауэм къыщихьа ТекIуэныгъэр егъэлъапIэ

♦1941 гъэм нэмыцэхэм «Тайфун» зыфIаща ебгъэрыкIуэныгъэм, Москва къэубыдыным теухуам, щIадзащ.

♦1960 гъэм Налшык лэжьэн щыщIидзащ алэрыбгъу щащI «Горянка» фабрикэм.

♦1965 гъэм «СССР-м щIыхь зиIэ и кхъухьлъатэзехуэ», «СССР-м щIыхь зиIэ и штурман» цIэхэр ягъэуващ.

♦1930 гъэм къалъхуащ США-м щыIэ Адыгэ Хасэм и лэжьыгъэм жыджэру хэт, егъэджакIуэ Хьэвжокъуэ Маждэ.

♦1947 гъэм къалъхуащ Сирием шынагъуэншагъэмкIэ и къарухэм я генерал-полковник, жылагъуэ лэжьакIуэ Абазэ Уэлид.

♦1952 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, публицист, «Кабардино-Балкарская правда» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Мэз Сусаннэ.

Дунейм и щытыкIэнур

         «pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 22 - 25, жэщым градус 14 - 16 щыхъунущ.

 

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Зи нэхъыжь едаIуэ и Iуэху мэкIуатэ.

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

03.05.2024 - 09:08 НОБЭ
02.05.2024 - 12:21 НОБЭ
27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ