ЩIыналъэр ефIэкIуэн папщIэКъБР-м и Iэтащхьэр фокIадэм и 29-м видео IэмалкIэ хэтащ УФ-м и Правительствэм ЩIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ и комиссэм и зэIущIэм. Зэхуэсыр иригъэкIуэкIащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат. Зи гугъу ящIынухэм теухуауэ къэпсэлъащ ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ министр Файзуллин Ирек. ЗэIущIэм кърихьэлIахэр тепсэлъыхьащ лъэпкъ проектхэр, федеральнэ, щIыналъэ программэхэр гъэзэщIа зэрыхъум, бюджетым къыхэкI кредитхэмкIэ ягъэзащIэ инфраструктурэм епха лэжьыгъэхэр зэрызэфIахым. Къэбэрдей-Балъкъэрым илъэсыр имыкI щIыкIэ Налшык дэт унэ зэтетхэм псы зэрыщIыхьэ-зэрыщIэкI бжьамийхэр щIашэн щаухыну я мурадщ. «Псы къабзэ» щIыналъэ программэм ипкъ иткIэ, щIыпIэ-щIыпIэкIэ ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр щокIуэкI, псыр зезыгъакIуэ IуэхущIапIэ 13 зэрагъэпэщыж. Солдатскэ, Пролетарскэ къуажэхэм псы къыщIэшыпIэхэр щаухуэн яухакIэщ. Азау псыхъуэмрэ Эльбрус жылагъуэмрэ я зэхуакум щызэпрыша псы ижыпIэм елэжьын щIадзащ. Налшык и псы гъэкъэбзапIэхэм и лэжьыгъэр зэрызэтраухуэжыным теухуа проектхэм йолэжь.
Поделиться:
Читать также:
04.05.2024 - 09:00 →
Егъэджэныгъэм и мардэщIэхэм хуокIуэ
30.04.2024 - 11:00 →
Унагъуэр - жылагъуэр зэтезыIыгъэщ
13.04.2024 - 15:23 →
Махуэшхуэм зыхуагъэхьэзыр
13.04.2024 - 10:08 →
Зэгухьэныгъэм зэфIигъэкIар
06.04.2024 - 10:26 →
Театрхэм я ехъулIэныгъэ, я гугъуехь
|