Къабзагъэм елъытащ узыншагъэрНалшык къалэм и полицейхэр хэтащ «Зеленая Россия» урысейпсо экологие щэбэт щIыхьэхум. Iуэхур щекIуэкIащ Урысей МВД-м и Управленэу Налшык къалэм щыIэм полицэм и плъыр-пост къулыкъум и полкым и щIыпIэм, абы жыджэру хэтащ Управленэм и ППСП-м и батальон щхьэхуэм и лэжьакIуэхэр. Полицейхэм зэщIагъэкъэбзащ полкым къегъэщIылIа щIыпIэр, зэхуахьэсащ къыпылъэлъа тхьэмпэхэмрэ къудамэхэмрэ, удз гъэгъа зэрытхэри зыхуей хуагъэзащ. Мыпхуэдэ Iуэхухэр щIэх-щIэхыурэ зэрегъэкIуэкIыпхъэр гурыIуэгъуэщ. Ежьужьым щIыпIэр фIей ещI, ар цIыхум и узыншагъэм зэран хуохъу, къэплъытэмэ, мыпхуэдэ щэбэт щIыхьэхум мыхьэнэшхуэ иIэщ.
Поделиться:
Читать также:
18.05.2024 - 10:48 →
Унагъуэращ Хэкур къыщежьэр
17.05.2024 - 17:37 →
ЗыплъыхьакIуэм и еплъыкIэ
17.05.2024 - 15:35 →
Мазищым кърикIуахэр
17.05.2024 - 12:26 →
КъэкIыгъэхэм я нэIэ тетщ
16.05.2024 - 19:35 →
ГукъэкIыжхэр гъащIэм щыщу
|