И лэжьыгъэм пщIэ хуащIуКъБР-м щыIэ Урысей гвардием и Управленэм и лэжьакIуэ полицэм и майор Лыкъуэжь Маринэ къыхуагъэфэщащ Урысейм и журналистхэм я зэгухьэныгъэм и щIыхь дамыгъэр - «За заслуги перед профессиональным сообществом» жыхуиIэр. Урысейм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Соловьёв Владимир и унафэкIэ офицерым дамыгъэр иритыжащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Шаваевэ Разият. ЩIыхь дамыгъэр ират цIыхум и Iуэху еплъыкIэр къиIуэтэным, урысей СМИ-хэм я хуитыныгъэр гъэбыдэным, журналистикэм и пщIэр къэIэтыным, IэщIагъэм хуэIэижьрэ жылагъуэ Iуэхухэми хуэжыджэру лэжьэным зи гуащIэ хэзылъхьэхэм.
Поделиться:
Читать также:
18.05.2024 - 10:48 →
Унагъуэращ Хэкур къыщежьэр
17.05.2024 - 17:37 →
ЗыплъыхьакIуэм и еплъыкIэ
17.05.2024 - 15:35 →
Мазищым кърикIуахэр
17.05.2024 - 12:26 →
КъэкIыгъэхэм я нэIэ тетщ
16.05.2024 - 19:35 →
ГукъэкIыжхэр гъащIэм щыщу
|