ТкIыбжьыгъэ зыхэлъ цIыхугъэIуэтэж ХьэтIохъущокъуэмрэ Къанокъуэмрэ зэбийт. Пщыхэм я къыкIэлъыкIуэ зэIущIэм игъэнэIуэнут нэхъ лъэщыр дэрами, ауэ гурыIуэгъуэт лъыгъажэ хэмыту Iуэхур зэрызэфIэмыкIынур. А лъэхъэнэм Къанокъуэр хьэжрэтти Псыжь ( Кубань) щыпсэурт. Зэгуэрым ХьэтIохъущокъуэм и гупыр дэщIыгъуу зекIуэ ежьауэ беслъэнеипщым и Iэхэлъахэм ихьащ икIи, Къанокъуэр игъэунэхун мурадкIэ, хъыбар иригъэщIащ. Мыдрейми зигъэгувакъым, шу гуп зэщIигъури, къэбэрдеипщым къыпежьащ. Уанэншу шым тесрэ и Iэщэр гъэпкIауэ псом япэ иту Къанокъуэм и щIалэ нэхъыщIэр къажэрт. ПсынщIэу къапэблагъэ шууейм игу фIы зэримылъыр игъэлъагъуэу, ХьэтIохъущокъуэм и блыгущIэтхэм я нэхъ шэрыуэм и Iэщэр щIалэщIэм тригъэпсащ. Ауэ пщым ар къыхуидакъым «шэрэ лъырэ зэхыумыгъэлъадэ» - жиIэри (щIалэр фIэсабийт). Ауэ щыхъукIи, щIалэщIэр къэсри, ХьэтIохъущокъуэм и укIыпIэм техуэу къеуащ. А зэпэщIэувэныгъэм къэбэрдеипщымрэ Къанокъуэм и щIалитIрэ хэкIуэдащ. А щыми я хьэдэр Къанокъуэ жылэжьым къахьыжри, хьэщIэщым зэгъусэу щIалъхьат. Пщым и щIалитIым пщIэ хуащIу жьантIэмкIэ далъхьэри, ХьэтIохъущокъуэм ейр щIэкIыпIэ дыдэм деж ягъэтIылъат. Хьэдэгурышэу къыхуашэжа и къуитIыр зыщIэлъ пэшым Къанокъуэм и щхьэгъусэр щIыхьэри, и нэпс къудамэ Iэпымыхуу щIалэхэм я щхьэм Iэ дилъэри, жиIащ: «Си щIалэхэ, лIы хуэфэщэну дунейм фехыжащ. Фи гъащIэр пщIэншэу фтакъым». Бзылъхугъэм ХьэтIохъущокъуэм и хьэдэмкIэ зыкъигъазэри, жиIащ: «Пщыр жьантIэм дэфлъхьэ. Ар ди хьэщIэщ дэ…»
Поделиться:
Читать также:
17.05.2024 - 11:18 →
Къахьар Сосрыкъуэ ихьыжащ
16.05.2024 - 16:28 →
Бзэ тыншкIэ тхэуэ щытащ
15.05.2024 - 15:00 →
Я Лъахэ цIыкIу - «Прометей и лъахэ»
15.05.2024 - 12:44 →
ФIыуэ флъагъухэм закъевгъащIэ!
08.05.2024 - 13:05 →
ЩIэныгъэлI усакIуэхэр
|