Унэр къагъэщIэрэщIэжащЗеикъуэ дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и унащхьэм жьышхуэмрэ уэшхышхуэмрэ я зэранкIэ игъуэта сэкъатхэр зэман кIэщIым къриубыдэу зэрагъэпэщыжащ, уэшх пыжыпIэхэри палъхьэжащ. 1956 гъэм яухуа унэм и пкъыр «Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэ» къэрал программэм хиубыдэу зэрагъэпэщыжащ: и щIыхьэпIэхэр, пэш кIуэцIхэр, къызэрагъэплъ, псыр зрикIуэ бжьамийхэр зыхуей хуагъэзащ. КъэищынэмыщIауэ, цIыху 400 зыщIэхуэ пэшышхуэм щагъэуващ киноэкран ин. УзыщыгуфIыкIынщ ЩэнхабзэмкIэ унэм сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ папщIэ уэрэд жыIэнымкIэ, къэфэнымкIэ, сурэт щIынымкIэ, бэрэбанэ еуэнымкIэ къудамэхэр къызэрыщызэIуахар. Апхуэдэу унэм хэтщ тхылъ гъэтIылъыгъэ хъарзынэ зиIэ библиотекэ.
Поделиться:
Читать также:
18.05.2024 - 10:48 →
Унагъуэращ Хэкур къыщежьэр
17.05.2024 - 17:37 →
ЗыплъыхьакIуэм и еплъыкIэ
17.05.2024 - 15:35 →
Мазищым кърикIуахэр
17.05.2024 - 12:26 →
КъэкIыгъэхэм я нэIэ тетщ
16.05.2024 - 19:35 →
ГукъэкIыжхэр гъащIэм щыщу
|