ГъущI гъуэгухэм я зэранкIэКуэдыр зэрыщыгъуазэщи, Урысейм и гъущI гъуэгухэм кIуэ пэтми заубгъу, къахохъуэ, зэраныгъэ щхьэхуэхэри зэрымыщIэкIэ къыщыдэкIуэ щыIэу. Апхуэдэу Ростов областым и арбитраж судым (УФ-м и «Росрыболовство» IуэхущIапIэм и КъухьэпIэ - Каспийскэ къудамэм и нэIэ тету) къилъытащ, УФ-м и «РЖД» IуэхущIапIэм иригъэкIуэкI ухуэныгъэхэм Кавказ Ищхъэрэм и псы ежэххэм хэс аргъейм хэщIыныгъэшхуэ яритауэ икIи абыхэм яхуигъэуващ, псы ежэх къабзэхэм фIэкIа нэгъуэщI щIыпIэ щымыбагъуэ а бдзэжьей лIэужьыгъуэм и щхьэбжыгъэр «РЖД»-м езым и мылъкукIэ игъэбэгъуэжын хуейуэ. Урысейм и «Росрыболовство» IуэхущIапIэм и Кавказ Ищхъэрэ къудамэмрэ «Урысейм и гъущI гъуэгухэр» IуэхущIапIэмрэ зэгурыIуэжу зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм ипкъ иту, Къэбэрдей-Балъкъэрым и псы ежэххэм бдзэжьей къуэлэнхэм (каспийский лосось) я щIэжьейуэ мин 600 иджыблагъэ хаутIыпщхьащ, Урысейм и «Росрыболовство» IуэхущIапIэм и Кавказ Ищхъэрэ къудамэм и нэIэм щIэту. Мы илъэсым дызэрытехьэрэ бдзэжьейуэ ди псы ежэххэм хаутIыпщхьащ псори зэхэту мин 700-м нэс.
Поделиться:
Читать также:
18.05.2024 - 10:48 →
Унагъуэращ Хэкур къыщежьэр
17.05.2024 - 17:37 →
ЗыплъыхьакIуэм и еплъыкIэ
17.05.2024 - 15:35 →
Мазищым кърикIуахэр
17.05.2024 - 12:26 →
КъэкIыгъэхэм я нэIэ тетщ
16.05.2024 - 19:35 →
ГукъэкIыжхэр гъащIэм щыщу
|