ЩIыхьэхуПасэрей адыгэм зэдэщIыгъуу, зыр зым дэIэпыкъуу зэдэлэжьэныр фIыуэ ялъагъуу щытащ. Зы адыгэ щыIэу щытакъым езым и закъуэ къарукlэ унэ е псэуалъэ гуэр игъэуву. Унэу щрет, гуэщу, шэщу, къинэмыщI псэуалъэу щрети, зыгуэр ищIыну мурад зэрищIу, ирихьэлlэну пхъэкIэбжьэкIэхэр къызэригъэпэщырти, зыгуэр зыщIэфыну къуажэм цIыху зыбжанэм хъыбар яригъащIэт: - Пщэдей щIыхьэху сиlэщ, мыпхуэдэ псэуалъэ тIэкIу согъэуври, къомыхьэлъэкIыу укъысхуэкIуэмэ, си гуапэ хъунт ,- жиIэрти. - Алыхь-алыхь, ар пхуэзмыщIэм сыт пхуэсщIэн! - жиIэрти къигъэгугъэрт адрейм. Пщэдджыжьым къызэхуэст хъыбар зригъэщIа псори, хэт джыдэ, хэт пхъэх, хэти Iэдэ-уадэ яIыгъыу. Щхьэж зыхуэшэрыуэм еувалIэрти, зэрахузэфIэкIкIэ, хьэрычэт хащIыхьу, жэщ хъуху елэжьхэрт. Дауэ ящIми, а махуэм хуаухырт псэуалъэр къызэфIэгъэувэныр. Апхуэдэ щIыхьэхум, зэрыхабзэти, хэт хъыбар ирагъащIэми мыкIуэну Iэмал яIэтэкъым. ЩIыхьэхур зэхуэзышэсми, махъсымэ игъэхьэзырт, ныш иукIырти, лэжьахэр игъатхъэрт, фIыщIэ яхуищIырти, иутIыпщыжырт. Адыгэ щIыхьэхур унэ щ1ыным и закъуэтэкъым щызэхуашэсыр. Псалъэм папщIэ, зыгуэрым нысашэ иIэу щытмэ, хьэблэр къызэхуэсырти, пхъэ гулъэ зырыз къыхуашэрт, курыбэ ирагъэжьэну, нысашэр зэфIэкIыху ягъэсыну. Благъэхэри къыдэIэпыкъурт. Унагъуэм и мэкъу, и мэш къыхуемышэлIэжу фIэкIуэдмэ, гукIэ къызэхуэсырти къыхурашэлIэжырт. Мэкъуауэгъуэ хъуамэ, зэрымыгъэзэшу лэжьэн щхьэкIэ унагъуитIу зэгухьэрти, мэкъу зэдыпаупщIырт. ЗэгъунэгъуитIу лажьэу зым япэ иухамэ, и гъунэгъур къигъанэу IукIыжтэкъым, кIуэрти, а къыкIэрыхуам дэIэпыкъурт. Абы дэмыIэпыкъуу IукIыжыныр – ц1ыхугъэншагъэт, адыгагъэ хэлътэкъым. ЩIакIуэ ящIынуми, цей яхъуэнуми цIыхубз гуп къызэхуашэсырти, зэдэIэпыкъуурэ ящIт. Зыгуэрым и нартыхур къыхудэмычыжу уэсым фIыщIиубыдэмэ, е гузавэрэ нэхъ щIэхыу зэфIэкIын щхьэкIэ, нартыхур мытхъыу къыдичыжамэ, щIыхьэху ящIырти, ирагъэтхъырт. Цы япхынумэ, «цыпх щIыхьэху» - жаIэрти, пщыхьэщхьэм хъыджэбз куэду къызэхуашэсырти, нэху щыху цы япхт. Ар Iэ закъуэкIэ илъэскIи зэфIэкIынутэкъым. Бжыхь къудей яхунумэ, гъунэгъухэр къыдэIэпыкъурт емылъэIуми. Ар хабзэт.
Поделиться:
Читать также:
18.05.2024 - 10:48 →
Унагъуэращ Хэкур къыщежьэр
16.05.2024 - 19:35 →
ГукъэкIыжхэр гъащIэм щыщу
16.05.2024 - 17:30 →
Гулъытэр зиIэ ныбжьыщIэхэр
16.05.2024 - 15:24 →
Европэр насыпыншагъэм къезыгъэла щIалищ
16.05.2024 - 12:16 →
ТекIуэныгъэ Иным теухуа концертхэр
|