«Кавказырыс» - Лермонтовым и тхыгъэЖэпуэгъуэм и 15-р Лермонтов Михаил къыщалъхуа махуэщ. Кавказыр нэхъ лейуэ фIыуэ зылъагъухэм хабжэ пэтми, и зэфIэкIым зригъэубгъуну хунэмысу, щIалэу дунейм ехыжа усакIуэм иджыри IэдакъэщIэкI куэд иIэщ адыгэбзэкIэ дунейм къытемыхьауэ. Абыхэм язщ абы «Кавказец» зыфIища тхыгъэ кIэщIыр. Лермонтовыр зытепсэлъыхьыр Кавказым щыщ цIыхухэракъым, атIэ езым хуэдэу ди щIыналъэм дзэ къулыкъу щезыхьэкIхэрщ. Нэхъыбэ дыдэу мыбы уигу къигъэкIыжыр «Ди зэманым и лIыхъужь» повестым хэта Грушницкэрщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, зызыгъэлI урыс, Кавказым щызауэу, абы щыпсэухэм ядэплъейуэ, ауэ ещхь мыхъуфу. Иныкъуэ критикхэм зэрыжаIэмкIэ, Лермонтовыр мы тхыгъэм и щхьэми мащIэу щыщодыхьэшхыж. «Кавказырысыр урысныкъуэрэ хуэазие хьэлу псэущхьэ гуэрщ, къуэкIыпIэ хабзэхэм итхьэкъуарэ абыкIэ цIыху щыту (псалъэм папщIэ, Урысейм къикIахэр) зыкъиумысыну укIытэу», - апхуэдэущ Лермонтовым и тхыгъэр къызэрыщIидзэр.
Поделиться:
Читать также:
17.05.2024 - 11:18 →
Къахьар Сосрыкъуэ ихьыжащ
16.05.2024 - 16:28 →
Бзэ тыншкIэ тхэуэ щытащ
15.05.2024 - 15:00 →
Я Лъахэ цIыкIу - «Прометей и лъахэ»
15.05.2024 - 12:44 →
ФIыуэ флъагъухэм закъевгъащIэ!
08.05.2024 - 13:05 →
ЩIэныгъэлI усакIуэхэр
|