Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж IуэхукIэ зэрызэпеуэм зегъэужьынымкIэ щыIэ советым, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2020 гъэм дыгъэгъазэм и 7-м къыдигъэкIа Указ №163-УГ-мкIэ къищтам зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ

1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж IуэхукIэ зэрызэпеуэм зегъэужьынымкIэ щыIэ советым, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж IуэхукIэ зэрызэпеуэм зегъэужьынымкIэ щыIэ советым теухуауэ» 2018 гъэм накъыгъэм и 10-м Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм къыдигъэкIа Указ №55-УГ-м , а УказымкIэ къищта Положенэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж IуэхукIэ зэрызэпеуэм зегъэужьынымкIэ щыIэ советым хэтхэм ятеухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2020 гъэм дыгъэгъазэм и 7-м къыдигъэкIа Указ №163-УГ-м мы къыкIэлъыкIуэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:

а) Советым хэгъэхьэн мы къыкIэлъыкIуэхэр:

Архангельский В. Н. - Прохладнэ къалэ округым и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэр (зэгурыIуауэ)

Бэшорэ Р. А. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэр-Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм хьэрычэт мыинымрэ курытымкIэ, IуэхукIэ зэпеуэнымкIэ и департаментым и унафэщIыр (Советым и секретарщ)

Гъащтэ А. А. - Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и Управленэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэм и унафэщIым и къуэдзэр (зэгурыIуауэ)

Инжыжокъуэ С. М. - Лэскэн муниципальнэ районым и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэр (зэгурыIуауэ)

Къалэ А. Хь. - Урысей Федерацэм и Банк нэхъыщхьэм и Ипщэ управленэ нэхъыщхьэм и IуэхущIапIэм - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ Лъэпкъ банкым и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэр (зэгурыIуауэ)

Кульбаев А. Б. - Шэрэдж муниципальнэ районым и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэр (зэгурыIуауэ)

Къумахуэ А. В. - Федеральнэ антимонопольнэ къулыкъущIапIэм и Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэр(зэгурыIуауэ)

Соттаев Къу. С. - Iуащхьэмахуэ муниципальнэ районым и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэр;

б) Джатэ Р. Хь. и къулыкъум зэреджэр мы къыкIэлъыкIуэм хуэдэу тхыжын: «Дзэлыкъуэ муниципальнэ районым и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэр (зэгурыIуауэ);

в) Езауэ А. Къ. и къулыкъум зэреджэр мы къыкIэлъыкIуэм хуэдэу тхыжын: «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм цIыхухэр егъэджэнымрэ щIэныгъэмкIэ и министрыр»;

г) Советым къыхэгъэкIыжын Баждыгъу Т. А., Залиханов Къ. Хь-У, КIэрэф М. А., Муртазов Б. С, Пщыншэ Къ. Хь, Тараев И. В. сымэ.

2. Мы Указым къару егъуэт Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек

Налшык къалэ

2022 гъэм фокIадэм и 23-м

№91-УГ

Поделиться: