«Егъэджэныгъэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 13-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым къищтащ 2022 гъэм фокIадэм и 29-м
«Егъэджэныгъэм и IуэхукIэ» 20I4 гъэм мэлыжьыхьым и 24-м къащта Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №23-РЗ-м и I3-нэ статьям и 2-нэ Iыхьэр мы къыкIэлъыкIуэм хуэдэу къитхыкIыжын:
«2.Классхэр зэхэдзауэ щрагъаджэ IуэхущIапIэ мыинхэри яхэту, егъэджэныгъэмкIэ программэхэр зыгъэзащIэхэр финансхэмкIэ къызэрагъэпэщ Федеральнэ законым къызэрыщыгъэувам тету.».
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
Налшык къалэ
2022 гъэм жэпуэгъуэм и I9-м
№43-РЗ.

 

  «Егъэджэныгъэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 13-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым хуэгъэзауэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
I. «Егъэджэныгъэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и I3-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законыр къэщтэн.
2. А Законыр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм хуегъэхьын Iэ щIидзын икIи хэIущIыIу ищIын папщIэ.
3. Мы Унафэм къару егъуэт къыщащта махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ.

Налшык къалэ
2022 гъэм фокIадэм и 29-м
№571-П-П

 

 «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щрагъэкIуэкI архив лэжьыгъэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и I4-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным теухуауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым къищтащ 2022 гъэм фокIадэм и 29-м
1 статья
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щрагъэкIуэкI архив лэжьыгъэм и IуэхукIэ» 2009 гъэм щIышылэм и I2-м къащта Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №3-РЗ-м и I4-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэн икIи ар мы къыкIэлъыкIуэм хуэдэу къитхыкIыжын:
«I4 статья. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Архив фондым и архив документхэр хъума хъуныр къызэрызэрагъэпэщыр
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Архив фондым и архив документхэр хъума хъуныр къызэрагъэпэщ «Урысей Федерацэм щрагъэкIуэкI архив лэжьыгъэм и IуэхукIэ» Федеральнэ законым тету.».
2 статья
Мы Законым къару егъуэт официальнэу къыщытрадза махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек
Налшык къалэ
2022 гъэм жэпуэгъуэм и I9-м
№40-РЗ

 «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щрагъэкIуэкI архив лэжьыгъэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и I4-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым хуэгъэзауэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
1. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щрагъэкIуэкI архив лэжьыгъэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и I4-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законыр къэщтэн.
2.А Законыр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм хуегъэхьын Iэ щIидзын икIи хэIущIыIу ищIын папщIэ.
3. Мы Унафэм къару егъуэт къыщащта махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ.

Налшык къалэ
2022 гъэм фокIадэм и 29-м
№573-П-П

Поделиться: