Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ автомобиль гъуэгухэмрэ абы щрагъэкIуэкI гъуэгу лэжьыгъэхэмрэ я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 14-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ»

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым хуэгъэзауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
1. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ автомобиль гъуэгухэмрэ абы щрагъэкIуэкI гъуэгу лэжьыгъэхэмрэ я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и I4-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законыр къэщтэн.
2. А Законыр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм хуегъэхьын Iэ щIидзын икIи хэIущIыIу ищIын папщIэ.
3. Мы Унафэм къару егъуэт къыщащта махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщI ЕГОРОВЭ Татьянэ
Налшык къалэ
2022 гъэм фокIадэм и 29-м
№569-П-П

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ автомобиль гъуэгухэмрэ абы щрагъэкIуэкI гъуэгу лэжьыгъэхэмрэ я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 14-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ
 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым къищтащ 2022 гъэм фокIадэм и 29-м

1 статья
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ автомобиль гъуэгухэмрэ абы щрагъэкIуэкI гъуэгу лэжьыгъэхэмрэ я IуэхукIэ» 2009 гъэм мазаем и 27-м къащта Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №17-РЗ-м и 14-нэ статьям хэлъхьэн мы къыкIэлъыкIуэ зэхъуэкIыныгъэхэр:
1) 3 - 1-нэ Iыхьэм хэт «автомобиль гъуэгухэм» псалъэхэм кIэлъыкIуэу дыщIыгъужын «(уней автомобиль гъуэгухэм нэмыщI)» жиIэу, «уней» псалъэхэр хэгъэкIын;
2) 3 - 2-нэ Iыхьэм хэт «автомобиль гъуэгухэм» псалъэхэм кIэлъыкIуэу дэщIыгъужын «(уней автомобиль гъуэгухэм нэмыщI)» жиIэу.
2 статья
Мы Законым къару егъуэт официальнэу къыщытрадза махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэми Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек
Налшык къалэ
2022 гъэм жэпуэгъуэм и 19-м
№38-РЗ

Поделиться: