Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щрахьэкI муниципальнэ къулыкъум и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и гуэдзэн №2-м зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым хуэгъэзауэ
 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:

1. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щрахьэкI муниципальнэ къулыкъум и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и гуэдзэн №2-м зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законыр къэщтэн.
2. А Законыр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащьэм хуегъэхьын Iэ щIидзын икIи хэIущIыIу ищIын папщIэ.
3. Мы Унафэм къару егъуэт къыщащта махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщI ЕГОРОВЭ Татьянэ
Налшык къалэ
2022 гъэм фокIадэм и 29-м
№555-П-П

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и муниципальнэ къулыкъум и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и гуэдзэн №2-м зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным теухуауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым къищтащ                          2022 гъэм фокIадэм и 29-м

1 статья
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и муниципальнэ къулыкъум и IуэхукIэ» 1998 гъэм бадзэуэгъуэм и 4-м къащта Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №8-РЗ-м и гуэдзэн №2-м зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэн икIи абы и 3.1-нэ пунктым 3.1. 2-нэ пункт къуэдзэм «г) пункт къуэдзэ дэщIыгъужын мы къыкIэлъыкIуэм хуэдэу иту:
«г) федеральнэ законодательствэм ипкъ иткIэ щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэм и къулыкъур иIыгъыну щIыхуимыт правовой лъабжьэхэр къызэрыкъуэкIар;».
2 статья
Мы Законым къару егъуэт официальнэу къыщытрадза махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек
Налшык къалэ
2022 гъэм жэпуэгъуэм и 19-м
№39-РЗ

Поделиться: