Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЩIымкIэ и кодексым зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым теухуауэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:

1. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЩIымкIэ и кодексым зэхъуэкIыныгъэ хлъхьэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законыр къэщтэн.
2. А Законыр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм хуегъэхьын Iэ щIидзын икIи хэIущIыIу щIын папщIэ.
3. Мы Уафэм къару егъуэт къыщашта махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщI ЕГОРОВЭ Татьянэ
Налшык къалэ
2022 гъэм фокIадэм и 29-м
№563-П-П

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЩIымкIэ и кодексым зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным и IуэхукIэ
 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и  Закон

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым къищтащ                       2022 гъэм фокIадэм и 29-м

1 статья
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЩIымкIэ и кодексым, №22-РЗ-м щIэту 2004 гъэм бадзэуэгъуэм и 30-м къащтам, зэхуэкIыныгъэ хэлъхьэн икIи абы и Iыхьэ 3-м 25-1-нэ статья дэщIыгъужын мы къыкIэлъыкIуэм хуэдэу иту:
«25-1 статья. Мэкъумэш щIапIэхэм ящыщ щIы Iыхьэхэу мэкъумэшыщIэ (фермер) хозяйствэхэм зэрахьэхэм псэупIэ унэхэр щыщIынымкIэ, щызэгъэпэщыжынымкIэ, къыщыгъэсэбэпынымкIэ зэбакъуэ мыхъуну мардэхэр
 Муниципальнэ щIыналъэхэм хиубыдэ мэкъумэш щIапIэхэм ящыщ щIы Iыхьэхэу мэкъумэшыщIэ (фермер) хозяйствэхэм къагъэсэбэпхэм псэупIэхэр щащIыну, щызэрагъэпэщыжыну, къыщагъэсэбэпыну хуит ящIыркъым.».
2 статья
Мы Законым къару егъуэт официальнэу къыщытрадза махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек.
Налшык къалэ
2022 гъэм жэпуэгъуэм и 19-м
№45-РЗ

Поделиться: