Идар Темрыкъуэ и хъыбар

Къэбэрдеипщ Идар Мэремщауэ и къуэ Темрыкъуэ лIыпIэ иува нэужь, лIыхъужьыгъэрэ гу хьэлэлкIэ лIыгъэ зэрихьэн фIэкIа зэгупсыс зыри щыIэтэкъым. И къуэш нэхъыжь КIэмыргъуокъуэмрэ старшынахэмрэ я унафэм щIэту иджы мамыру псэу адыгэ лъэпкъым япэм зауэкIэ яIыгъа щIыхьыр зэрызэфIигъэувэжынымрэ езым зауэм лIыгъэ щызэрихьэу и цIэp лIыхъужьыгъэкIэ зэригъэIунымрэ абы и псэр дихьэхырт. 
И щIалэгур хуэмыубыдыжу зэуапIэм фIеIэрти, тэтэрхэм ятеуэн мурадкIэ, абы дзэшхуэ зэхуишэсащ. Зауэм и гугъуехь псори ишэчыфын щхьэкIэ, абы куэд лъандэрэ зигъэхьэзырырт. Абы тыншыпIэрэ зыхуей псори щигъуэт псэупIэрэ илъагъу хъуакъым, зэи шэтыр иIакъым‚ уанэр и пIэщхьагът, упщIэр и щIэлъынт‚ уафэр и тепIэнт. Абы шылыр и Iуст, икIи ар езым дэпым трилъхьэурэ игъэжьэжырт. Я дзэпщым хуэдэт абы и дзэри. Абы и хьэлыфIхэм ящыщу зы гъэщIэгъуэни щIэблэм папщIэ джэгуакIуэхэм яхъумащ: бийм хъыбар иримыгъащIэу теуэу абыкIэ текIуэныгъэр къихьыну Идархэ Темрыкъуэпщыр хуеякъым, атIэ зауэ зэрарищIылIэмкIэ бийм сыт щыгъуи хъыбар яригъащIэрт. Абы мыпхуэдэ псалъэкIэ лIыкIуэ яхуигъакIуэрт: «СынокIуэ фи деж».
ХьэкIэкхъуэкIагъэр тепщэу щыщыта а зэманми Темрыкъуэ хъыжьэм и лъэпкъ хабзэр захуагъэ хэлъу ихъумэжырт.
Индылрэ Тэнрэ я Iуфэр абы япэ дыдэу лIыгъэ зехьэпIэ хуэхъуащ. Къэбэрдейм къытеуэурэ зымыгъэзагъэу щыта къалмыкъхэмрэ тэтэрхэмрэ абы къизэуащ. 3э лъыгъэжэгъуэм а лъэпкъитIми кIэ яритащ. Идар Темрыкъуэпщыр къалмыкъхэмрэ тэтэрхэмрэ ятекIуэри, (хъыбарым зэрыжиIэмкIэ) и къэзэуныгъэр щIыпIэ жыжьэхэм нигъэсащ. Тэн къыщыщIидзэри, абы и гъуэгур КърымымкIэ иунэтIащ‚ абы щыгъуэ Урысейм зыпищIащ, а Iуэхугъуэм кърым хъаныр икъукIэ игъэпIейтеящ. А лъэхъэнэ дыдэм Темрыкъуэпщым пщы зыкъом и гъусэу урыс пащтыхь Иван Васильевич пэжагъкIэ бгъэдэтыну икIи сулътIанымрэ Тавридэрэ урыс пащтыхьым ядригъэкIуэкI зауэмкIэ дэIэпыкъуну хуиIуащ. Тенджыз ФIыцIэмрэ Каспий тенджызымрэ я зэхуакум щыпсэу лъэпкъхэм ижь зэман лъандэрэ къыхалъхьауэ щыта чыристан диным ди цIыхубэм я дежкIэ иджыри къаруушхуэ иIэу къыщIэкIынт. Мис а Iуэхугъуэр абы щхьэусыгъуэ хуэхъуащ и динэгъу урысым дэрэгъу зыхуищIынымкIэ икIи пащтыхь Иван Васильевич и телъхьэ къищIу къигъэсэбэпынымкIэ. Урысхэр я IупэфIэгъуу, я ныбжьэгъуу зэрыщытам и хъыбарыр иджыри ди цIыхухэм ящымыгъупщауэ яхэлъщ: Иджыри абы къыщIэна псалъэжьым жеIэ: «…тхьэ Iуэ паштыхь Иван и цIэкIэ».
Темыргъуокъуэпщымрэ Темрыкъуэпщымрэ къыщагъэзэжам, къэбэрдей уэркъхэр абыхэм гуапагъэкIэ IущIащ. ТекIуэныгъэр яIэу‚ хамэщI къикI ззрыпхъуакIуэхэм лъэпкъыр щыхъума хъун папщIэ шынагъуэ щымыIэжыну къызэрагъэпэщу, я хэкум узыншэу къызэрагъэзэжамкIэ уэркъхэр абыхэм ехъуэхъуащ. Ауэ Урысейр дэрэгъу къызэрыхуэхъуамрэ ар къызэрыкъуэувамрэ псом нэхърэ нэхъыбэу цIыхубэр щыгуфIыкIащ.
Идархэ я пщы зэшитIым къагъэзэжа нэужькIэ, ахэр Къэбэрдейм щыпсэуащ. Куэд дэмыкIыу КIэмыргъуокъуэ лIэри; уэсят къызэрищIыжам ипкъ иткIэ, и Iэщэ-фащэр кIэрылъу, и шым тесу щIалъхьащ.
Ар щыщIалъхьа щIыпIэр Бахьсэнрэ Шэджэмрэ я зэхуакум хуозэ; абы и кхъэм сын трагъэувэным и пIэкIэ Iуащхьэшхуэ тращIыхьащ.
ХъунщIэнымрэ теуэныгъэмрэ зи гур итхьэкъуа къэбэрдейхэм я хьэл мыхъумыщIэр щилъагъум Идар Темрыкъуэпщым мурад ищIащ и бынхэр, и къуэмрэ и пхъумрэ, Урысейм щагъэсэну игъэкIуэну. Езым къыхуэпэж цIыху къэбэрдейхэм къахишри, абы и бынхэр Москва нишэсу, пащтыхь Иван игъэсэну иритыну и пщэ ирилъхьащ.
И къуэм ззреджэр СулътIант‚ и пхъум Мэрянт. Ахэр Урысейм зэрынэсыххэу, куэд дэмыкIыу‚ абыхэм жорпщIэхэлъхьэ къыхуащIри, урыс диныр къащтащ: и къуэм Михаил, и пхъум Марие къыфIащащ. Къэбэрдейхэм Михаилым Урыскъан фIащащ, нэгъуэщIу жыпIэмэ «урысым ягъэса». Абыхэм я гъусэу ягъэкIуауэ щыта Иван къыщигъэзэжам, цIыхухэм игъащIэм зэхамыхауэ апхуэдиз гъэщIэгъуэн жиIэжырти, ар уду къалъытауэ щытащ. Абы и гугъу иджыри къэбэрдейхэм ящIыж.
Кърымхъан Долэт-Джэрий а къэхъукъащIэхэр щызэхихым, пIалъэ иримыту дзэшхуэ зэхуишэсащ, Псыхуабэ адыгэхэр щызэтриукIэн и мураду. Идар Мэремщауэ и къуэ Темрыкъуэпщым къэбэрдейхэмрэ адрей адыгэ лъэпкъхэмрэ ящыщу дзэшхуэ зэхуишэсри, Тамань и гъунэгъу Ахупс Псыжь щыхэхуэм деж екIуэлIащ, абдежым быдапIэ щищIри, бийм пэплъэу щызэтеувыIащ. Долэт-Джэрий япэ щIыкIэ шапсыгъхэм я щIым ихьэри зэтриунэщIащ, итIанэ Темрыкъуэ къыщыпэплъэ щIыпIэм кIуэну ежьащ. Япэ зэзэуэгъуэм ди пщыр уIэгъэ хъуащ, ауэ дзэр лъэщу пэщIэтт‚ икIи зауэ гуащIэм щIадзащ. Къэбэрдейхэм бийр зэтрамыкъутэфа пэтми, лIыгъэшхуэ яхэлъу, ерыщу зэрыпэщIэтам къыхэкIыу бийр абыхэм къатекIуэн гугъэм пагъэкIащ. Долэт-Джэрий абы икIри, Урысейм и щIыналъэм и гъунапкъэр зэпиупщIащ, нэгъуэщI мыхъуми абы фIыгъуэ куэд къыщыIэрыхьэным щыгугъыу. 
…Темрыкъуэ и уIэгьэр зэрыхъужыххэу, къэбэрдейхэм дзэ къахишри, урыс пащтыхьым дэIэпыкъуну епIэщIэкIыу кIуащ икIи Iузэв тенджызым деж щыгухьащ. Пащтыхьым Темрыкъуэм и пэжагъым щхьэкIэ фIыщIэшхуэ кьыхуищIащ икIи къэбэрдейхэм фIыгъуэ куэд къаритащ.
Апхуэдэ щIыкIэкIэ Темрыкъуэпщыр Урысейм куэдрэ дэIэпыкъуащ; и хэкум къигъэзэжа нэужь, a угъурлыжьым, пщыхэм я нэхъ пщыфI дыдэм, и уIэгъэхэр къэятэжри, абы илIыкIащ. Абы щхьэкIэ лъэпкъым мыпхуэдэу жиIащ: «Хахуэ ди пщышхуэ палъэр, зэдилъмэ, лIыхъуу щэджащэр диIэжкъым». Ди нэхъыжьхэм къаIуэтэж‚ Темрыкъуэ ипхъу Урысейм щагъэсам и дахагъымкIэ урыс пащтыхьыр къыдихьэхыу абы зэрыдэкIуар, адрейуэ абы и дэлъхум фIыгъуэ куэд тыгъэ къыхуищIауэ икIи ар абы щыпсэуну къэнауэ.

 

Зыгъэхьэзырар Дохъушокъуэ Синэщ.
Поделиться:

Читать также: