Илъэс меларди 4 зи ныбжь мэскъалАстрофизикхэм гу зэрылъатамкIэ, 2017 гъэм фокIадэм и 22-м ЩIы Хъурейм пхылъэтыкIащ къаруушхуэ зиIэ нейтринэ цIыкIу. Ди планетэр зэпымыууэ «къаудыныхь» хуабжьагъышхуэ зиIэу хьэршым къилъэтыкI мэскъалхэм, ауэ а махуэм къахутар и «хьэл-щэнкIэ» адрейхэм ещхьтэкъым. Адрейхэм яхуэмыдэ Дызэрыщыгъуазэщи, Сатурн уэгум къыщыдогъуэгурыкIуэ езым нэхърэ нэхъ цIыкIу планетэхэр. Абыхэм ящыщ зыр и теплъэкIэ адрейхэм ещхькъым. Ар плъагъунущ, и джабэхэр зэхуэмыдэрэ езыр джэдыкIэм хуэдэу хэшауэ, кумб цIыкIухэр и бащэрэ и щхьэфэр къуабэбжьабэу. ТхьэгъухэмкIэ Дыгъэм и хъуреягъкIэ, планетэ зыфIэпщыну, хьэршым къыщызылъэтыхь къэщIыгъэ нэхъ цIыкIухэм ящыщщ «Хаумеа» зытеIукIар. Абы зыщегъазэ Нептун адэкIэ щыIэ «Койпер и бгырыпхым». Ар Дыгъэм къыпыщIа планетэ псоми я нэхъ псынщIэрыкIуэщ. Абы ехьэлIауэ, 2017 гъэм астрономхэм зихуэдэ щымыIэ Iуэхугъуэ къахутащ: къызэрыщIэкIымкIэ, къыдэгъуэгурыкIуэ спутникыу Хаумеа тIу иIэ къудейкъым, атIэ езыри, Сатурн хуэбгъэдэну, «тхьэгъухэмкIэ» къэухъуреихьыжащ. Абыхэм я зэпрыур километр мини 4,5-м ноблагъэ, я Iувагъыр километр 70-м нос.
Поделиться:
Читать также:
17.05.2024 - 07:16 →
Нобэ
16.05.2024 - 09:08 →
НОБЭ
15.05.2024 - 16:22 →
Хьэрш къэхутэныгъэщIэхэр
15.05.2024 - 15:10 →
Дэтхэнэри дыхуэныкъуэщ
15.05.2024 - 12:44 →
НОБЭ
|