Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

.

          Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Хабзэм къемызэгъыу промышленностым и продуцэр щызэблэгъэкIыным пэщIэтынымкIэ комиссэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2020 гъэм мэлыжьыхьым и I0-м къыдигъэкIа Указ №38-УГ-мкIэ къищтам, зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ

       1.Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Хабзэм къемызэгъыу промышленностым и продукцэр щызэблэгъэкIынымкIэ комиссэм, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Хабзэм къемызэгъыу промышленностым и продукцэр щызэблэгъэкIынымкIэ комиссэм хэтхэр къэщтэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2020 гъэм мэлыжьыхьым и 10-м къыдигъэкIа Указ №38-УГ-мкIэ къищтам, мы къыкIэлъыкIуэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:

а) Комиссэм хэгъэхьэн мы къыкIэлъыкIуэхэр:

Громушкин Н.П -Урысей Федерацэм ШынагъуэншагъэмкIэ и федеральнэ къулыкъущIапIэм и Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и унафэщIыр

Къумахуэ А.В.- Федеральнэ антимонопольнэ къулыкъущIапIэм и Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и унафэщIыр (зэгурыIуауэ);

в) Комиссэм   къыхэгъэкIыжын Воронин С.В., Пщыншэ Къ. Хь. сымэ.

2. Мы Указым къару егъуэт Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

 Налшык къалэ

2022 гъэм щэкIуэгъуэм и 30-м

№127-УГ

Поделиться: