Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и муниципальнэ щIыналъэхэм коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм папщIэ цIыхухэм щат уасэм зэрызихъуэжымкIэ индексхэм я лъэныкъуэкIэ зыщхьэпрыкI мыхъуну (нэхъ ин дыдэ) бжыгъэхэр 2022 гъэм дыгъэгъазэм и 1-м щегъэжьауэ 2022 гъэм дыгъэгъазэм и 31-м, апхуэдэу 2023 гъэм ятещIыхьауэ къэщтэным и IуэхукIэ

Урысей Федерацэм ПсэупIэмкIэ и кодексым и 157-нэ статьям, «Урысей Федерацэм коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм я уасэу цIыхухэм щатым зэрызихъуэжым и индексхэр гъэувыным и IуэхукIэ» Урысей Федерацэм и Правительствэм 2014 гъэм мэлыжьыхьым и 30-м къыдигъэкIа унафэм, ягъэув уасэхэм (тарифхэм) я индексхэр 2022 гъэм дыгъэгъазэм и 1-м щегъэжьауэ 2023 гъэм дыгъэгъазэм и 31-м нэсыху ятещIыхьауэ гъэувыным хэлъ къыхэщхьэхукIыныгъэхэмрэ Урысей Федерацэм и Правительствэм и хабзэ мардэ языныкъуэхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэнымрэ ятеухуауэ» Урысей Федерацэм и Правительствэм 2022 гъэм щэкIуэгъуэм и 14-м къыдигъэкIа унафэ №2053-м япкъ иткIэ унафэ сощI:
1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и муниципальнэ щIыналъэхэм коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм папщIэ цIыхухэм щат уасэм зэрызихъуэжымкIэ индексхэм я лъэныкъуэкIэ зыщхьэпрыкI мыхъуну (нэхъ ин дыдэ) бжыгъэхэр 2022 гъэм дыгъэгъазэм и 1-м щегъэжьауэ 2022 гъэм дыгъэгъазэм и 31-м, апхуэдэу 2023 гъэм ятещIыхьауэ къэщтэн мы Указым и гуэдзэным зэритым хуэдэу.
2. 2022 гъэм тещIыхьауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и муниципальнэ щIыналъэхэм коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм папщIэ цIыхухэм щат уасэм зэрызихъуэжымкIэ индексхэм я лъэныкъуэкIэ зыщхьэпрыкI мыхъуну (нэхъ ин дыдэ) бжыгъэхэр, «2022 гъэм тещIыхьауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и муниципальнэ щIыналъэхэм коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм папщIэ цIыхухэм щат уасэм зэрызихъуэжымкIэ индексхэм я лъэныкъуэкIэ зыщхьэпрыкI мыхъуну (нэхъ ин дыдэ) бжыгъэхэр гъэувыным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2021 гъэм дыгъэгъазэм и 15-м къыдигъэкIа Указ №132-УГ-мкIэ къищтахэр къагъэсэбэп 2022 гъэм щэкIуэгъуэм и 30-м нэсыху.
3. Мы Указым къару егъуэт 2022 гъэм дыгъэгъазэм и 1-м щыщIэдзауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек.
Налшык къалэ
2022 гъэм щэкIуэгъуэм и 28-м
№125-УГ

Поделиться: