КхъуейжьапхъэШыуаным псы щIыIэ иракIэ, япщэфIыну къагъэхьэзыра шатэм и зэхуэдитIым нэхърэ нэхъыбэр шыуаным иракIэри, дакъикъэ зы-тIукIэ къагъавэ. Къэнам джэдыкIэ кугъуэ уда хакIэ, зэIащIэурэ гуэдз хьэжыгъэ ухуэнщIа хакIутэ, а псори шыуаным ит шатэ къэкъуалъэм хакIэ, зэIащIэурэ дакъикъи 5-8-кIэ хьэкум трагъэтщ. Абы и ужькIэ тыкъыр цIыкIуурэ упщIэта кхъуей цIынэ гъэтэджа мышыур хакIутэ, псы щIыIэ тIэкIукIэ зэхэщIа шыгъушыпс хакIэ, шыуаныщхьэр ныкъуэтепIэу къагъанэри, дакъикъи 10-12-кIэ, тхъу къыщIидзыху, мафIэ цIыкIум тету къагъавэ. Кхъуейжьапхъэ хьэзырым кхъуейр хэмыткIухьауэ, зэпышу хэлъщ, тхъу гъуэжь дахи къытрищIауэ. Пщтыру яшх. ПIастэ, мырамысэ, лэкъум, мэжаджэ, щIакхъуэ докIу. Халъхьэхэр (зы цIыху Iыхьэ):
Поделиться:
Читать также:
18.05.2024 - 12:48 →
Кинофестивалым и махуэхэр
13.05.2024 - 17:30 →
ТекIуэныгъэ Иным траухуэ
10.05.2024 - 12:36 →
Зэманым жьы хуэмыщI уэрэд
07.05.2024 - 17:46 →
Зи напэ емыплъу лъэбакъуэ зымыча
05.05.2024 - 12:00 →
Гъуазджэм и хэщIапIэ
|