Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ зэрырагъэгъуэтымрэ щIэныгъэмрэ япыщIа IуэхухэмкIэ щыIэ советым теухуа Положенэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2020 гъэм фокIадэм и 30-м къыдигъэкIа Указ №126-УГ-мкIэ къищтам, зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ
 
1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ зэрырагъэгъуэтымрэ щIэныгъэмрэ япыщIа IуэхухэмкIэ щыIэ советым теухуа Положенэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2020 гъэм фокIадэм и 30-м къыдигъэкIа Указ №I26-УГ-мкIэ къищтам, мы къыкIэлъыкIуэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
а) Положенэм и 13-нэ пунктым хэт «,щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ» псалъэхэр зэхъуэкIын «щIэныгъэмкIэ» жиIэу;
б) Советым :
хэгъэхьэн Мокаев А. М. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм цIыхухэр егъэджэнымрэ щIэныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэр (Советым и секретарщ);
Абазэ А. Хь. и къулыкъум зэреджэр мы къыкIэлъыкIуэм хуэдэу тхыжын: «Урысейм щIэныгъэхэмкIэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центр» федеральнэ щIэныгъэ центр» федеральнэ къэрал бюджет щIэныгъэ IуэхущIапIэм и генеральнэ директорым и къуэдзэр, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIэныгъэлI, IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэм я советым и тхьэмадэр (зэгурыIуауэ)»;
Алътуд Ю. Къ. и къулыкъум зэреджэр мы къыкIэлъыкIуэм хуэдэу тхыжын: «Бэрбэч Хь. М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университет» щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэт федеральнэ къэрал бюджет еджапIэм и ректорым и къалэнхэр зыгъэзащIэр (зэгурыIуауэ)»;
Езауэ А. Къ. и къулыкъум зэреджэр мы къыкIэлъыкIуэм хуэдэу тхыжын: «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм цIыхуэр егъэджэнымрэ щIэныгъэмкIэ и министрыр»;
Нэгъуей З. В. и къулыкъум зэреджэр мы къыкIэлъыкIуэм хуэдэу тхыжын: «Урысейм щIэныгъэхэмкIэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центр» федеральнэ щIэныгъэ центр» федеральнэ къэрал бюджет щIэныгъэ IуэхущIапIэм и генеральнэ директорыр (зэгурыIуауэ)»;
къыхэгъэкIыжын Мысост Е. Н.
1. Мы Указым къару егъуэт Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек.
Налшык къалэ
2022 гъэм дыгъэгъазэм и 6-м
№129-УГ
Поделиться: