Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Наркотикхэм япэщIэтынымкIэ и комиссэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2019 гъэм дыгъэгъазэм и 30-м къыдигъэкIа Указ №147-УГ-мкIэ къищтам, зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ

1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм НаркотикхэмкIэ япэщIэтынымкIэ и комиссэм, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм НаркотикхэмкIэ япэщIэтынымкIэ и комиссэм хэтхэр къэщтэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2019 гъэм дыгъэгъазэм и 30-м къыдигъэкIа Указ №147-УГ-мкIэ къищтам, мы къыкIэлъыкIуэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
а) Комиссэм хэгъэхьэн мы къыкIэлъыкIуэхэр:
Громушкин П.Н.-Урысей Федерацэм ШынагъуэншагъэмкIэ и федеральнэ къулыкъуапIэм и Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и унафэщIыр
Лу А. Хь. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрыр;
б) Езауэ А.Къ. и къулыкъум зэреджэр мы къыкIэлъыкIуэм хуэдэу тхыжын: «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм цIыхухэр егъэджэнымрэ щIэныгъэмкIэ и министрыр»;
в) КIурашын А.В. и къулыкъум зэреджэр мы къыкIэлъыкIуэм хуэдэу тхыжын:» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министрыр);
г) Комиссэм къыхэгъэкIыжын Воронин С.В.
2. Мы Указым къару егъуэт Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек.
Налшык къалэ
2022 гъэм дыгъэгъазэм и 7-м
№130-УГ

Поделиться: