Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм туризмэм и хэкIыпIэхэр здэщыIэ и щIыналъэхэм комплекснэу шынагъуэншагъэ къыщызэгъэпэщыным пыщIа IуэхухэмкIэ ведомствэхэм зэдей комиссэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ

2022 гъэм дыгъэгъазэм и 5-м                          Налшык къалэ                       №255-ПП

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм туризмэм и хэкIыпIэхэр здэщыIэ и щIыналъэхэм комплекснэу шынагъуэншагъэ къыщызэгъэпэщыным пыщIа IуэхухэмкIэ ведомствэхэм зэдей комиссэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2015 гъэм мэкъуауэгъуэм и 10-м къыдигъэкIа унафэ №19-ПП-мкIэ къищтам, мы къыкIэлъыкIуэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
а) ведомствэхэм зэдей комиссэм хэгъэхьэн мы къыкIэлъыкIуэхэр:
Байсиев Хь.М. - Шэрэдж муниципальнэ районым и щIыналъэ администрацэм туризмэмкIэ и къудамэм и унафэщIыр (зэгурыIуауэ)
Сосналы А.А. - «Эльбрустурист» акционер зэгухьэныгъэм и генераьнэ директорым и къуэдзэр (зэгурыIуауэ);
б) Салихов М.Хь и къулыкъум зэреджэр мы къыкIэлъыкIуэм хуэдэу тхыжын: «Iуащхьэмахуэ муниципальнэ районым и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэр (зэгурыIуауэ)»;
в) ведомствэхэм зэдей комиссэм къыхэгъэкiыжын Непеев Къ.А., Ульбашев С.А. сымэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI МУСУКОВ Алий

Поделиться: