Мастэ хьэлыуэХабзэ дахэ куэд хэлъащ адыгэ хьэгъуэлIыгъуэм, иджы къамыгъэсэбэпыжу. Абыхэм ящыщщ мастэ хьэлыуэр. Нысаши, гушыIи, унэиши, щауэ ишэжи - псори зэфIэкIа нэужь, нысащIэр ягъэдэну, ягъэбзэну щIадзэрт. Абы щыгъуэм зыхуэфащэ хъыджэбзхэр къакlуэрт, нысащIэр дэным хуит хуащIын щхьэкIэ. Абыи «удэн хуейщ» жепIэкIэ зэфIэкIыртэкъым, зы хабзэ гуэр иIэти, ар гъэзэщIэн хуейт. «Мастэнищ кърегъэун хуейщ», - жаIэрти, мастэм дыщэ Iуданэ фlащIэрт, ар лентI бзыхьэхуэ гуэрым щэ кIуэцIрагъэлъэфырти, абы иужькIэ нысащIэр дэным хуит хуэхъуат. Ари ауэ гъущэу зэфIэкIыртэкъым, «ПщэдэлъхьэкIэ» хъыджэбзхэм къыхаха ахъшэмкIэ фадэ зэрагъэпэщт, хьэлыуэ Iэнэ яубэт. Адыгэхэм хьэлыуэм пщlэшхуэ хуащlу щытащ. Хьэлыуэм инэмыщlу, шхын Iэджи зэрагъэпэщт, нысащIэм и мастэнищым и тхьэлъэlуу. «Пщэдэлъхьэ» ахъшэ къезытауэ щытахэм ящыщу зылъэIэсыну къуажэм дэсхэми, хъыджэбзхэр зыпылъхэми хъыбар ирагъащIэрти, ахэри къакlуэрт. - Нобэ ди нысащIэм мастэнищ къредгъэуати, мыр абы и тхьэлъэlущ, - жаIэрти, псори утыкум кърагъэувэрт. ЩIалэхэр ирагъафэ-ирагъашхэрт. Мис абы зэреджэр «мастэ хьэлыуэт», нысащIэм и мастэнищым иращIэкIа тхьэлъэIум щхьэкlэ фIащауэ. Абы иужькlэ нысащlэр дэнуми бзэнуми хуит хъуат. НысащIэм дэн-бзэнхэр и пщэм дэлъу, и гуащэм пщэфIэнхэмрэ гъэшхэнхэмрэ и пщэм дэлъу екIуэкIырт. НысащIэм зэрыхьа унагъуэм я благъэхэри я пыхъуэпышэхэри ицIыхуащ. Ауэ, зэрыхабзэщи, зыми я цIэр жиlэ хъунукъым. Псоми цIэ лей яфIищын хуейт, езыр яреджэну. Абы (нысащIэм) мастэнищ къыщриуа махуэм, хъыджэбзхэри дэIэпыкъуурэ пыхъуэпыщэу яIэхэм цIэ яфlещ. Хэт ТалlэlэфI, хэт ТIалэфо, хэт ШуцIыкlу, хэт Шырфо, хэт ШырцIыкIу, хэт ГъэфIэн, хэт Дыщэнэ, хэт Дыщэжыг, н.къ. Хэти езым фIэфIыр зыфIригъэщт, «мыбыкIэ къызэджэ» - жиIэрти, хэти езы нысащIэм зэрыхуигъэфащэкlэ фIищт. А махуэм езы нысащIэми цIэ фIащт: Къандыгъэ, Къаннэху, Дыщэнэху, ФIыщэдыгъэ, ДыгъэцIыкIу н. къ . НысащIэм Iэмал имыlэу цlэ лей фlащти, а фlаща цIэм къытенэрти, лlэжыху а цIэмкlэ еджэрт. НысащIэр къыщашэм «жэмхэгъасэу» къыдагъэкlуар мазэкIэ, нэхъыбэкIэ щыIэу хъурт. Абы иужькlэ хуэфащэ саугъэтхэр хуащIти яшэжт. Ар пщыжь - уэркъыжьхэм я деж илъэскIэ щыIэнкIи хъурт. НысащIэ къашэр ямыгъэлажьэу, зыри ирамыгъащIэу илъэскIэ щхьэнтэм тесу щагъэст. Ауэ, лэжьакIуэIэ хуэныкъуэ лъхукъуэлI унагъуэхэм апхуэдизрэ щамыгъэсми eмыкIy яIэтэкъым. «ЛъхукъуэлI нысэр зыгъэзыщIщ, дыжь джэдыгур зы щIымахуэщ»,- жаIэрти, щхьэнтэм илъэскIэ трамыгъэсу, унагъуэ зехьэн Iуэхум пэрагъэувэрт. НысащIэр илъэс зэрырикъуу «дыщасэ» жаIэрти, и дыщымкIэ къикIырти яшэжт. Ар яшэжыну къакIуэрт: хъыджэбзитI, зы пшынауэ, зы нысащIэ, зы гущхьэIыгъ, шугъуситI. Ахэр нысэр зейм я деж нэху къыщекIырт. Джэгу хуащIт, ефэ-ешхэшхуэ хуащIт. Пщэдджыжьым нысэри ирагъэтIысхьэрти, ежьэжырт. Бысымым ящыщу шууитIи ядэшэсырти, я щIым икIыжыху ядэкIуатэрти, сэлам ирахыжти, яутIыпщыжт. «Дыщасэм» къикlыр «дыщ хуэщIэ» - жиIэу арати, дыщым абы Iэджи къыхуащIэн хуейт. Нысэр илъэскIэ и дыщым щыIэт. Нысэм псори ицIыхуауэ кlуэжати, хэт сыт къыхуищIэнуми, хэт сыт къыхуихьынуми ищIэрт. А илъэсым и кlуэцIкlэ абыхэм къахуихьын, къахуищIэнухэр зэригъэпэщу игъэхьэзыру щыст. «Дыщасэм» къашэжа я пхъур благъэ Iэджэми яшэрт, саугъэт Iэджи къыхуащIырт. Илъэсыр зэрырикъуу, нысэр зейхэр кlуэрти къашэжт. Абы зэреджэр «нысэшэжт». Иджы абы къыздихьахэр, япэм хуэдэу, къэзыша унагъуэр зэрыхуейм хуэдэу ягуэштэкъым. Псоми я цIэ иIуауэ саугъэтхэр къихьати, къызыхуихьахэм иратыжт. Абы иужькIэ нысащIэр Iэбэнуми лъэбэнуми хуит хъуати, зыгуэрхэр илэжьу щIидзэрт. Саугъэт къызыхуихьахэр хэти арэзы къыхуэхъуат, хэти зыкъыхуигъэгусат, къыхуихьамкIэ арэзы мыхъуауэ. НысащIэм, япэ дыдэ лэжьэн зэрыщIрагъадзэр псы къэхьынт. Абы псыхьэ гъуэгур ирагъэлъагъун, нэсэIуасэ хуащIын щхьэкIэ, хьэблэ хъыджэбзхэр къызэхуэсырти, пшынэ еуэу, къафэу нысащIэр псыхьэ яшэрт. ЩIалэгъуалэри къызэхуэсырти, хъыджэбзхэм ящIэмыхьэ-ящIэмынэу, яужьым иту якIэлъыкIуэрт. НысащIэр псыхьэ щашэкIэ цlыру-фэру Iэджэ здищтэрт: сабын, бэлътоку, гъуджэ цIыкly, мажьэ цIыкlу, н. къ. Пасэрей цIыхубзхэм псы къэхьыныр икIукIэ къулыкъушхуэу яIэу щытащ. Псы къызэрахьыр нэхъыбэу лэгъупт, пхъэхь щIэуауэ цIыхубзитIым я дамащхьэм телъу. Е гуэгуэнт, я дамащхьэ сэмэгумкIэ тету. Псы къуэкIийм дыхьэрти, лэгъупкIэ е гуэгуэнкIэ псы къыдахт. КъуэкIийм къыдэкIыжу сэтейм къызэрытехьэжу, щIалэ бзаджэхэр ежэрти, нысащIэм къыдиха псыр фIракIутырт. НысащIэм абы щхьэкIэ а цlыру-фэру ихьахэм щыщ яритт. Езыр аргуэру къуэкIийм дыхьэжырти, псы къыдихт. Ари фIракIутти, абы щхьэкIи зыгуэр яритт. Апхуэдэурэ тхуэ-хэ фIракIутт, нысащIэр ешарэ зыри лъэмыкIыжу, зэрыхабзэти, зыри жиIэ мыхъуу. ИкIэм езы щIалэхэм нысащIэр яфIэпсэкIуэд хъужырти, хуит ящIыжырти, псыр кърахьэжьэрти къежьэжырт. Псыхьэ гъуэгум къэкIуэжу здытетым къэувыIэрэ хъыджэбзхэр пшынэ еуэу, Iэгу еуэу, щIалэхэр къафэу, нысащIэм и дамэм гуэгуэныр тетрэ япэплъэу щыту, хуэмышэчыжу ерагъыу къэсыжт. Арати, апхуэдэурэ нысащIэм лэжьэн щIидзэрт. Нысэм и дыщхэм илъэс къэс «пхъужь Iыхьэу»,- жаIэти кIэбдзыр (куэр) хурагъэхьт, къинэмыщI гъуэмылэ дэщIыгъуу. Нысэр и гуащэм и унэм кIуэуэрэ хузэлъыIуих щхьэкIэ, и тхьэмадэм зыкъригъэлъагъуртэкъым. Ауэ илъэс зыкъом дэкIрэ, нысэри бынунэ хъужа нэужь, «нэгъуэщI мыхъуми, хьэнтхъупс шынакъ къысхущIихьэнщ», - жиIэрти и тхьэмадэм зытригъыхьэрт. ТехьэпщIэ гуэрхэри хуищIт. Ауэ, техьа щхьэкIэ, нысэр тхьэмадэм епсалъэртэкъым, зыхуейр хуищIэти къыщIэкIыжт. Тхьэмадэр нысэм епсалъэрт, ауэ нысэр къепсалъэртэкъым. Абыхэм нэсыхункIэ; нысащIэм и лIыр махуэу и лэгъунэм щIыхьэжыртэкъым. Бын хуалъхуахэм адэ хуэдэу епсалъэртэкъым, зришалIэртэкъым, и бынхэм едэхащIэу закъригъэлъагъуртэкъым. Быныр нэхъ зи нэIуасэри, нэхъ къызыщIэтаджэри адэжь-анэжьхэрт. Быныр къэзылъхуа адэм и адэ-анэхэр псэууэ и быныр зришэлIэну, еубзэрэбзэну нэмысыншагъэу ялъытэрт.
Поделиться:
Читать также:
26.04.2024 - 17:06 →
Тызылыкъуэр пэщIэдзэт
15.04.2024 - 14:52 →
Агуий и Iэхэлъахэм
29.03.2024 - 12:24 →
Бийм зы гупу пэщIигъэуват
20.03.2024 - 11:17 →
Къанжал зауэм и щхьэусыгъуэр
24.02.2024 - 12:05 →
КъикIуэт зымыщIэт Къардэн Сыхьэт-Джэрий
|