Тхыдэм и лъабжьэр щIэныгъэрщ

 Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтыр Къэбэрдей-Балъкъэрым ит IуэхущIапIэ нэхъыжьхэм язщ. Лэжьэн зэрыщIидзэрэ, ар щIэныгъэлI нэхъ лъагэхэм я кIыщ хъуауэ пхужыIэнущ. А гупсысэр лъабжьэ хуэхъуащ институтым и унафэщI Дзэмыхь Къасболэт и жэрдэмкIэ КъБР-м и Правительствэмрэ Парламентымрэ я лIыкIуэхэр, КъБКъУ-м, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым я щIэныгъэлIхэр, СМИ-м и лэжьакIуэхэр зэкIуэлIа пресс-конференцым.
 Дзэмыхь Къасболэт хьэщIэхэр щыгъуазэ ищIащ институтым иригъэкIуэкI лэжьыгъэм, щIэныгъэлIхэм я къэхутэныгъэхэм зэрызиубгъу къудамэхэм, абыхэм я IэдакъэщIэкIхэм. «Дэ ди лэжьыгъэр наIуэ къэзыщIыр къыдэдгъэкI тхылъхэращ, - жиIащ щIэныгъэлIым. – Гу лъывэзгъэтэну сыхуейт дэ пасэрей дыдэ тхыдэм щегъэжьауэ нобэрей махуэм къэс къызэрызэщIэдубыдэр. Ди жагъуэ зэрыхъущи, иужьрей илъэс зыбжанэм тхыдэм тепсэлъыхьыныр жылагъуэ Iуэху хъуащ. Сыт хуэдизу гупсысэ гъэщIэгъуэн нэрыбгэ щхьэхуэм утыку къримыхьэми, IэщIагъэлIым, тхыдэджым, бзэ щIэныгъэлIым Iуэхум хищIыкIымрэ жылагъуэ лэжьакIуэ гуэрым и Iуэху еплъыкIэмрэ пэж и лъэныкъуэкIэ шурэ лъэсрэ я зэхуакущ. Абы къыхэкIыу, цIыху губзыгъэм зи хьэтыр илъагъупхъэр зэхигъэкIыфу щытын хуейщ, япэ къэсым кърихьэжьа хъыбарым и ужь имыувэу. Ди лэжьыгъэм и уасэр наIуэ къэзыщIри а Iуэхурщ».
 ЩIэныгъэлIыр тепсэлъыхьащ иджыблагъэ Гуманитар щIэныгъэхэмкIэ институтым и лэжьыгъэм дагъуэ хуащIу хъыбар нэпцI зыгъэIуахэми. «Институтым зы лъэпощхьэпо закъуи щекIуэкIыркъым, тегъэщIапIэ зимыIэ псалъэмакъхэр къезыхьэжьар зи щхьэм пщIэ хуэзымыщIыж телеграм каналхэр зыгъэлажьэхэрщ. IуэхущIапIэр и IэнатIэм пэрытщ, и къалэныр егъэзащIэ, зы щыщIагъи хабзэхъумэхэми къэралми къыддагъуэркъым».
 Профессорым и гугъу ищIащ иджыпсту дунейр зыгъэпIейтей, Украинэм щекIуэкI зауэ Iуэху щхьэхуэми. «Тхылъхэм диплъэжмэ, тлъагъур сыт? Пасэм псэуа адыгэпщхэмрэ къэзакъхэмрэ зэкъуэту иджыпсту Украинэм иубыд щIыналъэм щыпсэуахэм ядэIэпыкъуну кIуэуэ щытащ абдежым щысхэр «Польшэмрэ Литвамрэ къикIа зэрыпхъуакIуэхэм щахъумэн» щхьэкIэ. А псом щIалэгъуалэр щыгъуазэкъыми, я нэгу щIэкIыр къагурыIуэркъым».
 Дзэмыхь Къасболэт къытеувыIащ езыр зи унафэщI IуэхущIапIэм къыдигъэкIа тхылъхэм я бжыгъэми. «Институтыр къызэрыунэху лъандэрэ, абы къыщыдэкIащ тхылъ I000-м щIигъу, абы хиубыдэу щIэныгъэлI лэжьыгъэу - 550-рэ. I940 гъэхэм щегъэжьауэ къыдэкIыу щытащ «ЩIэныгъэлI тхыгъэхэр», Къэбэрдеймрэ Балъкъэрымрэ я тхыдэм теухуа IэдакъэщIэкIхэр, иджы «Вестник КБИГИ» зыфIащыжа журналыр, къинэмыщIхэр. Илъэс къэс ди щIэныгъэлIхэм ятхауэ институтым тредзэ тхылъ I5-20. Ин дыдэкIэ узэмыджэн ди IуэхущIапIэм дежкIэ ар мащIэкъым».
 УФ-м и щIэныгъэлIышхуэхэм я еплъыкIэмкIэ, КъБР-м и Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтыр кууагърэ лъагагъкIэ, теорие лъабжьэрэ практикэ IэзагъкIэ Урысейм нэхъ лъэрызехьэу ит щIэныгъэ IуэхущIапIэхэм къакIэрыхуркъым. Щапхъэу къапщтэмэ, гулъытэ лъагэ ягъуэтащ томитI хъууэ I957 гъэм къыдэкIауэ щыта «Урысхэмрэ адыгэхэмрэ я зэхущытыкIэр XVI-XVIII лIэщIыгъуэхэм» тхылъым, «Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и тхыдэр» (I967), ари томитI хъууэ. Томищ хъууэ къыдэкIа «Адыгэхэм я лъэпкъ уэрэдхэмрэ макъамэхэмрэ» зи цIэ тхылъым Югославием щыщ щIэныгъэлIхэр къыщIэупщIауэ щытащ. Апхуэдэу зи цIэ къыпхуиIуэну лэжьыгъэхэр куэд мэхъу.
 Институтыр жыджэру хэтщ къэралым щылажьэ щIэныгъэ программэхэм. Ар хэлэжьыхьащ Невский Александр, Пётр Езанэм, Столыпин Пётр сымэ щагъэлъэпIа къэралпсо конференцхэм. Республикэм щыпсэу лъэпкъхэм гъуэгугъэлъагъуэ яхуэхъуа Къуэдзокъуэ Лэкъумэн, Мечиев Кязим, ПащIэ Бэчмырзэ, ЩоджэнцIыкIу Алий, Кулиев Къайсын, къинэмыщI цIыху цIэрыIуэхэм ятеухуа къэхутэныгъэхэм зрагъэубгъу зэпытщ. Иужьрейхэм я щапхъэу пхужыIэнущ Нэгумэ Шорэрэ академик Шёгренрэ я зэхуэтхэныгъэхэр къагъуэтыжу, ахэр иту къыдагъэкIа, томиплI хъу къэхутэныгъэ лэжьыгъэр.
 Дзэмыхьым и гугъу имыщIу къэнакъым институтыр Тыркум щыIэ КАФФЕД хасэм зэрадэлажьэр щыщIагъэ хуэдэу къэзыгъэлъагъуэхэми. «Дунейпсо Адыгэ Хасэм и президенту сыщыщыта зэманым сэ къысхуихуащ хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэхэм сахуэзэну. Абыхэм зи гур Урысейм хуэмыкъабзэ цIыху яхэту срихьэлIакъым. Иджыблагъэ институтыр зыгуэркIэ дыхагъэзыхь хуэдэу хъыбар зэхахати, гузавэхэри къытщхьэщыжащ. Ауэ иджыри къытызогъазэри, ди лэжьыгъэр зытетыпхъэм тету долажьэ. ЩIэныгъэ IуэхущIапIэ дыщыхъукIэ, тхыдэм и гугъу дымыщIуи, абы елэжь щIэныгъэлIхэми дахуэмызэу хъунукъым».
 Къэпсэлъэныгъэм и кIэм Дзэмыхь Къэсболэт институтым иригъэкIуэкIа лэжьыгъэр наIуэ къэзыщI бжыгъэхэр къриIуащ.
 «Иужьрей илъэсипщIым дэ къыдэдгъэкIащ щIэныгъэлI лэжьыгъэу – 88-рэ, IэщIагъэлI тхыгъэхэр щызэхуэхьэса тхылъу – 14, дэфтэрхэмрэ къинэмыщI материалхэмрэ зэрыхуа къыдэкIыгъуэу – 26-рэ, псалъалъэу – 9, Кавказ Ищхъэрэм и археологиемрэ этнологиемрэ теухуа тхылъу – I0, Кавказ бзэ щIэныгъэм теухуауэ - къыдэкIыгъуи 10, нэгъуэщI куэди», - жиIащ щIэныгъэлIым.
 Институтым щылажьэр щIэныгъэ лъагэ зыбгъэдэлъ IэщIагъэлI защIэщ, я нэхъыбэр щIэныгъэм и кандидат, доктор цIэхэр зэрахьэу. IуэхущIапIэр набдзэгубдзаплъэу кIэлъоплъ адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ я бзэм, я литературэм зэрызиужьым, лъэпкъитIым зэрызаузэщIым, ахэр УФ-м щыпсэу адрей лъэпкъхэм зэрадэгъуэгурыкIуэм. Щхьэхуэу Дзэмыхьыр къытеувыIащ балъкъэрыбзэмрэ адыгэбзэмрэ нэхъ нэгъэсауэ джа хъун папщIэ, зи щхьэпагъыр къыпхуэмыIуэтэн, иужьрей зэманми нэхъ пасэуи къыдэкIа псалъалъэхэм. «КIыщокъуэ Алим и бзэм и псалъалъэ» зыфIэтща тхылъым хуэдэ куэд дуней псом къыщыдэкIакъым, - жиIащ щIэныгъэлIым. – «Пушкин и псалъалъэм» укъыфIэкIмэ, къыпхуэмыIэтыну зэрыхьэлъэм щхьэкIэ къезмыхьэжьа а псалъалъэм пебгъэуэфын куэд щыIэкъым».
 ЩIэныгъэлIым зи гугъу ищIа псалъалъэри, институтым иужьрей илъэсипщIым къыщыдэкIа адрей тхыгъэхэри къызэхуэсахэм ялъагъуну Iэмал къаритащ и къэпсэлъыныгъэр иуха иужь, Дзэмыхь Къасболэт хьэщIэхэр зыбгъэдиша тхылъ гъэлъэгъуэныгъэм. «Дэ дыкъэрал IуэхущIапIэщи, Республикэм мылъкукIэ къыддэIэпыкъуну Iэмал иIэкъым, - щыжиIащ абдежым Дзэмыхь Къасболэт. - Ди жагъуи тщIыркъым. Мис, ди хъуреягъкIэ гъуэгу зэгъэпэщахэр, школхэр, цIыхухэр зыхуэныкъуэ псэупIэщIэхэр зэрыщаухуэр долъагъу. Ауэ я бжыгъэм ущIэупщIэмэ, ди тхылъхэр куэду къыщIытхудэмыгъэкIыр зэпхар мылъку Iуэхурщ».
 КъБР-м и Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым иригъэкIуэкI лэжьыгъэр зэрыщхьэпэр, абы жэуаплыныгъэшхуэ зыхэлъ къалэн гугъу зэрихьыр, езыми гулъытэ нэхъыбэ зэрыхуэфащэр наIуэ къищIащ пресс-конференцым.

Чэрим Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: