Хьэту къэралыгъуэр къызытекIар

Кавказ лъэпкъхэмрэ КъуэкIыпIэ Азием щыпсэуа абыхэм я лъэпкъэгъухэмрэ дунейпсо цивилизацэм хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуащIар гъэщIэгъуэну къыщыгъэлъэгъуэжащ щIэныгъэлI Абдокъуэ Ауес и лэжьыгъэхэм. Абы зэритхымкIэ, Кавказ бзэщIэныгъэм хэлъхьэныгъэщIэ хуащIащ И. М. Дьяконовымрэ С. А. Старостинымрэ зэдатха «Хуррито-урартские и восточнокавказские языки» тхыгъэмкIэ. Мыбыхэм яхузэфIэкIащ пасэрей хурритхэмрэ урартхэмрэ зэрыпсалъэ бзэр зищIысыр нэсу къахутэн - а тIури зы бзэщ, ауэ диалект зырызщ.

Езыхэри благъагъэкIэ шэшэн-дагъыстэн бзэ гупым я лъапсэгъуу къыщахутакIэ, адыгэ-абхъаз бзэ гупми я благъэщ. Мы щIэныгъэлIитIым генеалогие и лъэныкъуэкIэ Кавказ бзэ быным и гуэшыкIэр щIэрыщIэу яубзыхуащ. Абыхэм зэратхым ипкъ иткIэ, кавказ бзэ быныр къудамитIу гуэшащ, абхъаз-адыгэ гупым нэхъ я гъунэгъущ хьэту бзэр, шэшэн-дагъыстэн быным хохьэ хуррит-урарт бзэр.

Хьэту, хуррит, урарт лъэпкъхэр Кавказым исакъым, абыхэм я псэупIэр къанэ щIагъуэ щымыIэу КъуэкIыпIэ Азием и гъунапкъэхэм хиубыдэрт. Ауэ щыхъукIэ, «Кавказ» терминым и тэмэмыгъэм шэч къытепхьэн хуей мэхъу. Дызэрыт лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм хэпща хъуауэ щыта «аллародийскэ» терминыр ар и щхьэусыгъуэу къэзыгъэщIэрэщIэжыну зыфIэигъуэхэр къыкъуэкIащ.

ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, а терминым къызэщIеубыдэ пасэм щыгъуэ КъуэкIыпIэ Азием щыпсэуа лъэпкъхэм я бзэ щымыIэжхэмрэ абыхэм я благъэу ябж кавказыбзэхэмрэ. Пасэ лъэхъэнэм КъуэкIыпIэ Азием щыIа бзэхэр кавказыбзэхэм зэраблагъэр ди зэманым гипотезэ къудейуэ щытыжкъым, атIэ ар щIэныгъэ хабзэхэм тету нэрылъагъу къащIащ. ИщхьэкIэ зи гугъу тщIа Старостинымрэ Дьяконовымрэ я лэжьыгъэ «Хуррито-урартские и восточнокавказские языки» жыхуиIэм псалъи I68-рэ хъу этимологическэ псалъалъэ къызэщIеубыдэ. Абы къыщыхьа псалъэхэр зэблагъэу къыщIабжыр зэрызэхэт макъхэмрэ я мыхьэнэмрэ зэрызэщхь къудейр аракъым. Бзэхэр зэрызэблагъэм и аргумент нэхъыщхьэ дыдэу ябж «фонетическэ закон» жыхуиIэм тету къэхъуа, хабзэ пыухыкIахэм тет макъ зэпэдзхэр («регулярные фонетические соответствия») я тегъэщIапIэщ а псалъалъэм къыщыхьа дэтхэнэ псалъэ зэрагъапщэхэми.

Хурритхэмрэ урартхэмрэ зы лъапсэт, зы бзэм и диалект зырызхэмкIэ псалъэу щытащ. Пасэрей КъуэкIыпIэ Азием и щэнхабзэ лъагэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа хурритхэм я псэупIэр Кавказым и гъунапкъэм къриубыдэртэкъым. Урартхэми я Iыхьэ ныкъуэрат абы хиубыдэр. КъимыдэкIэ, абхъаз-адыгэ лъэпкъхэм я благъэу къалъытэ каскхэмрэ хьэтухэмрэ щыпсэур Анэдолэр арат. Ауэ щыхъукIэ, «кавказ» топонимыр епхьэлIэну игъуэджэщ зи гугъу тщIы пасэ бзэ быным.

Нобэрей шэшэн-дагъыстэн, абхъаз-адыгэ бзэ гупитIыр зы быну къапщтэмэ, «кавказ бзэ бын» терминыр дагъуэншэщ, ауэ пасэм КъуэкIыпIэ Азием щыIа бзэхэр абыхэм зэраблагъэр къызэщIебгъэубыдэмэ, «кавказ бзэ бын» терминыр абыхэм «къайзэвэкI» хуэдэуи щытщ.

Шэч хэмылъу, аращ «аллародийскэ» терминым зыщIыхуагъэзэжыр. Индоевропейхэм я пэкIэ Средиземноморьем щыпсэуа пеласг, этруск, баск лъэпкъхэри дызытепсэлъыхь бзэ быным нэхъ тегушхуауэ кърапх, икIи, жаIэ къудейм къыщымынэу, къэхутэныгъэ щхьэхуэхэр ирагъэкIуэкI хъуащ. ФIыр аращи, япэм емыщхьу, иджырей щIэныгъэлIхэм я лэжьыгъэхэр щIэныгъэ хабзэхэм нэхъ ткIийуэ тетхэщ

Хьэтуубзэмрэ абхъаз-адыгэбзэхэмрэ нэхъ куууэ зэрагъапщэ хъуащ. ЩIэныгъэлIхэм я гулъытэм IэщIэкI къыпфIощI Пакистаным и къурш зэхуакухэм (Каракорум) дэзэрыхьа буришки лъэпкъым и бзэ «бурушаски»-кIэ зэджэр. И гъэпсыкIэ, типологие я лъэныкъуэкIэ дагъыстаныбзэхэм я гъунэгъущ ар. Езы лъэпкъри къэзыухъуреихьхэм антропологие и лъэныкъуэкIэ ящхькъым: нэхъ хужьхэщ, нащхъуэ нэхъ яхэтщ. Ахэр зэпэплъытмэ, бурушаски бзэр ди щIэныгъэ гулъытэм зэрыхэдгъэхьэн хуейр гурыIуэгъуэ мэхъу.

Хьэту къэралыгъуэр зэрыщыту хеттыбзэм хуэкIуа нэужьи къагъэсэбэпу щытащ «панку» терминыр. Арат зэреджэр лъэпкъпсо хасэм. Абы и этимологиер яубзыхуну щIэныгъэлIхэр хэтщ, ауэ зыми и пщIыхьэпIэ къыхэхуэркъым ар хьэтуубзэм (абхъаз-адыгэ бзэ гупым щыщ гуэрым) къыхэкIауэ. Адыгэбзэр зыщIэ къэхутакIуэм гу лъимытэу къэнэнтэкъым ар адыгэ термин «пэкIу» жыхуэтIэм епха зэрыхъунум. Хасэм кIуэрт нартхэр, уэркъхэр, ауэ «зи лъэ вакъэ изылъхьэр» щызэхуэсыр пэкIу жыхуэтIэр арат. Апхуэдэ мыхьэнэ дыдэ иIэщ хьэту псалъэ панку жыхуиIэм. Макъ н-р пэкIу адыгэбзэ псалъэми зэрыдэтам и щапхъэ бгъуэтынущ, псалъэм щхьэкIэ: пэнцIыв, пэнтIыкъ. Абазэбзэми а псалъэм и макъыр хэтщ: «пынцIа» – «пэ».

Хьэту къэралыгъуэр къыщыхъуам, лъэпкъитIыр зэхэзэрыхьат: хьэтухэм индоевропеибзэр къащтащ, индоевропейхэр зэджэж хъуащ хьэту цIэмкIэ. ЦIыхубэр иримыпсэлъэжми, хьэтуубзэр динрылажьэхэм къагъэсэбэпу щытащ дин зэрызэрахьэ бзэуэ. Абы ипкъ иткIэ хуэбгъэфащэ хъунущ индоевропейхэм хьэтухэр къамызэуауэ, атIэ къазэребэкIым къыхэкIыу я бзэр хуэм-хуэмурэ псори зэрызэпсалъэ бзэ хъуауэ. Къэралыгъуэм хьэтухэм щаIа пщIэшхуэм и Iэужьщ абыхэм я бзэр диныбзэ зэрыхъуари. Я социально-политикэ статусыр зэрылъагэм и фIыгъэкIэ, апхуэдэ купщIэ зиIэ хьэту псалъэ куэд къищтагъэнущ текIуа индоевропей бзэм.

Зыгъэхьэзырар КЪЭБАРТ Мирэщ.
Поделиться:

Читать также: