Зи псалъэр усэрыбжэу зэрылъэлъ

Къэшэжхэ къызытехъукIа Псэбыдэ и къуэ Щыхьым, си анэшхуэм и адэ къуэшым, бынибл иIащ: Нарт, Адэлджэрий, Инал, Жэбагъы, Максим, Заурбэч, Анисэт. Инал и ныбжьыр ирикъуа нэужь, щIэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэтащ, ар кхъухьлъатэзехуэу щытащ. И зэманыр къэсщ, хэплъэ ищIри, абы щхьэгъусэу къыхихащ урыс цIыхубз дахэ Васильевэ Ксение. Ксение езыр щIэныгъэ нэхъыщхьэ зиIэт, юристт. Къармэхьэблэ зэманкIэрэ щыIэхэми, Москва къыщалъхуа, абы къыщыхъуа цIыхубзымрэ Иналрэ щыпсэуар къалэшхуэрат.

Иналрэ Ксениерэ бынитI зэдагъуэтащ:Валерэрэ Иннэрэ. Къэшэж Иннэ и цIэр зэхэзымыха, абы и творчествэм щымыгъуазэ куэд щыIэу къыщIэкIынкъым, сыту жыпIэмэ абы и цIэр усыгъэм, дахагъэм я синоним хъуащ. Москва къыщалъхуа, щIэныгъэ абы щызэзыгъэгъуэта Иннэ зэи зыщигъэгъупщакъым къызыхэкIа лъэпкъыр. Зыщигъэгъупщэн дэнэ къэна, абы и творчествэм курых хуэхъуар и лъэпкъырщ.

Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, «Работница» журналым и саугъэтыр зыхуагъэфэща Къэшэж Иннэ мазаем и 12-м 1944 гъэм къалъхуащ. Ар еджэныгъэм дихьэхыу, тхылъ куэд щIиджыкIыу щытащ. Езым и ныбжь сабийхэр гуащэ, гъуэрыгъуапщкIуэ джэгумэ, Иннэ зэман зытригъэкIуадэр и ныбжьэгъуфIу игъэува тхылъхэрт. Абы пасэ дыдэу усыгъэм и жыпхъэхэр щIеджыкI, усэбзэ дахэкIэ тхэуэ щIедзэ. Пэжщ, урыс щIыналъэм къыщалъхуа, зи анэр урысыбзэкIэ фIэкIа мыпсалъэ хъыджэбзым и бзэ хъуар урысыбзэт.

Зи ныбжьыр илъэс 16 ирикъуа Иннэ и усэхэр газет, журналхэм къытрадзэу щIадзэ. А усэхэр зыми ещхьтэкъым. ГъащIэм хуэнэхъуеиншэу щыт, дэтхэнэ зыми дахагъэкIэ щыгугъ, гум къиIукIыу абы итх усэбзэм щIэи жьыи дихьэх хъуат. Зэпыу имыIэу тхэ, зи жыIэр усэрыбжэу зэрылъэлъ Иннэ и тхыгъэхэм макъамэ кIэщIалъхьэ хъуащ. Илъэс 22 фIэкIа мыхъу хъыджэбзым и псалъэхэр уэрэду ягъэIуащ а зэманым хэпсэухьа уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэм: Кристалинская Майе, Хиль Эдуард, Кобзон Иосиф, Магомаев Муслим, Зыкинэ Людмилэ, Герман Аннэ, Трошин Владимир, Бельды Кола, Пугачевэ Аллэ сымэ.

Къэшэжым уэрэд 300-м нэблагъэ итхащ. Макъыбэу зэрылъэлъу, гупсысэ лъэщкIэ зэщIэузэда хъуа псалъэхэм макъамэ гурыхьыр дэщIыгъуу уэрэджыIакIуэхэм щагъэIукIэ, псэр и плъыфэкIэ гуашэу щIидзэрт, гур налъэ-налъэурэ зэрылът, зэми ар гуфIэгъуэм зэщIиIэтэу щытт, зэми нэщхъей къэхъурт. ЩIэдэIуакIуэхэр апхуэдэ щытыкIэм хэзышэр къару телъыджэт, а къарури къызыбгъэдэкIыр, къызыпхрыкIыр Къэшэжым и псалъэхэр арат.

Усэхэр зэрыт тхылъу Иннэ къыдигъэкIар тIощI мэхъу. 1962 гъэм Налшык абы къыщыдигъэкIауэ щытащ «Вольный аул» зыфIища тхылъыр. ЦIыхубз усакIуэм бзэ къулей зэриIэм, зэчий дахэ абы зэрыбгъэдэлъым занщIэу гу лъатащ адыгэ тхакIуэ, усакIуэ КIыщокъуэ Алимрэ балъкъэр усыгъэм и шу пашэ Кулиев Къайсынрэ. 1960 гъэхэм щыщIэдзауэ Иннэ ирагъэблагъэ хъуащ махуэшхуэхэм, зэхыхьэ инхэм. Зи щхьэцыр кIэщIу щIэща, сыт щыгъуи екIуу хуэпа Къэшэжыр езым и усэхэм кърагъаджэрт. АбыхэмкIэ езы Иннэ гъащIэм, властым яхуиIэ щытыкIэхэр къигъэлъагъуэу щытащ. КIий-гуоур зимыхьэл, жиIэ дэтхэнэ зы псалъэри гъэхуауэ щыт, къыжьэдэкI дэтхэнэ зы хьэрфми фIэщхъуныгъэ зыхэплъагъуэ усэхэр абы щыжиIэкIэ, пэшым щIэс псори щымт, усэбзэм къеджэн зэриухыу, Iэгуауэ макъыр ину къэIу зэпытт.

Литературэм и дунейм щыхьэщIэ хъуащ Иннэ, уеблэмэ ар абы гъащIэ хуэхъуащ. А лъэхъэнэм къриубыдэу цIыхугъэ куэд къыхуохъу абы. Апхуэдэхэщ Высоцкий Владимир, Самойловэ Татьянэ, Шпаликов Геннадий, Гулая Иннэ сымэ, нэгъуэщIхэри. ЦIэрыIуэ хъуа Иннэ абы ирипагэу щыскъым, атIэ и щIэныгъэ зэрыхигъэхъуэным хущIокъу. Арагъэнущ абы урыс тхакIуэшхуэ Горький Максим и цIэр зезыхьэ Литинститутыр къыщIиухыр.

СССР-м и ТхакIуэхэм я союзым хэт Къэшэжыр къэралым и щIыналъэ куэдым щыIащ, литературэм цIыхухэм гулъытэ хэха хуащIыну къыхуриджэу. Къэралым щызекIуэ зэхъуэкIыныгъэхэм игъэгумэщI, зи адэ-анэр дунейм ехыжа, зи узыншагъэр мыщIагъуэ Иннэ литературэ дунейм нэхъри зыщидзей хъуащ абы и ныбжьэгъу нэхъыфI дыдэу къилъытэ Наташэ дунейм зэрехыжу. 1980 гъэхэм и кIэухым щыщIэдзауэ Иннэ пасэм щыгъуэ утыку зэриту щытам хуэдэу ялъэгъужкъым. Машинэ аварием хэхуа усакIуэр абы и ужькIэ зекIуэжакъым, щыбауэкIэ жьы къызыпиубыд Иннэ узым куэдрэ иIыгъащ. 2000 гъэм и накъыгъэм и 14 махуэм ар дуней йохыж.

Иннэ усакIуэу щыта къудейкъым, атIэ ар зэдзэкIакIуэ Iэзэу щытащ. Ар щылэжьащ «Юность» журналми Москва и тхылътедзапIэ зыбжанэми. Абы и фIыщIэщ адыгэ усакIуэ куэдым я IэдакъэщIэкIхэр утыкушхуэ урысыбзэкIэ зэдзэкIауэ зэрихьар. Иннэ зи тхыгъэ мымащIэ зэзыдзэкIа усакIуэхэщ Бицу Анатолэ, Тхьэгъэзит Зубер, Нэгумэ Умар, Джэдгъэф Борис сымэ. Балъкъэр лъэпкъым уэрэдкIэ хуэуса Къэшэжыр нобэми фIыкIэ абыхэм ягу къагъэкIыж. Абыхэм дзапэ уэрэд яхуэхъуа «Балкария» жыхуиIэр цIыкIуи ини ящIэ.

Къапщтэмэ, Къэшэж Иннэ зыхэпсэухьа лъэхъэнэм цIыху телъыджэ куэд иIащ. Апхуэдэхэт Друнинэ Юлие, Ахмадулинэ Бэллэ, Казаковэ Риммэ, Евтушенкэ Евгений, Вознесенский Андрей, Рождественский Роберт, Окуджавэ Булат сымэ. Абыхэм усыгъэм щагъэува лъагапIэр инт, ахэр куэдым я гъуэгугъэлъагъуэт. Ауэ абыхэм ефIэкIт, ебэкIт си анэшхуэм и шыпхъу цIыкIу Иннэ. И гури и псэри зыхэплъагъуэу абы итха усэхэр, балладэхэр, поэмэхэр, уэрэдхэр поэзие лъагэм и щапхъэщ, курыхщ.

МАХУЭЛI Беслъэн. Москва.
Поделиться:

Читать также: