Гъэунэ Борис: ГъащIэм къыхэкIа тхыгъэрщ щIэджыкIакIуэр къызэрыпхудэхьэхынур

Гъэунэ Борис Хъызыр и къуэр 1941 гъэм дыгъэгъазэм и 29-м Къармэхьэблэ къуажэм къыщалъхуащ. Нэгумэ Шорэ и цIэр зезыхьэ курыт школ №I-р къиуха нэужь, 1965 - 1970 гъэхэм ар щеджащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и тхыдэ-филологие къудамэм. Ар илъэс куэдкIэ щылэжьащ телевиденэмрэ радиовещанэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэрал комитетым. ИужькIэ «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм редактору щыIащ, «Iуащхьэмахуэ» журналым жэуап зыхь и секретару щытащ.
Гъэунэм и лэжьыгъэфIым къыпэкIуэу къыхуагъэфэщащ СССР-м и Къэралтелерадиом, Урысей Федерацэм ПечатымкIэ и къэрал комитетым я щIыхь тхылъхэр. Ар УФ-м и ТхакIуэхэм, Журналистхэм я союзхэм хэтщ. «КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист» цIэ лъапIэри къыфIащащ.
Къалэмыр къызэрищтам, тхакIуэ гъуэгуанэм зэрытехьам теухуауэ къытхуиIуэтэжауэ щытахэм фыщыдогъэгъуазэ.

- Илъэс 16 - 17-хэм ситу зыгуэрхэр стхыуэ щIэздзащ. Къалэмыр къэзыщтэ дэтхэнэ ныбжьыщIэми хуэдэу, сэри къызэрыщIэздзар усэщ. Зыгуэрхэр зэрыстхыр ди егъэджакIуэ Iэзэ, цIыху щыпкъэ Дзэмыхь ФIыцIэ къыщищIэм, сIихыурэ еджэу щIидзащ, зэригъэзэхуэжырти, а зэманым район газетым щылэжьа, усакIуэ Шэру Хьэсэн иритырт. Апхуэдэ щIыкIэкIэ си усэхэр район газетым къытехуэ хъуащ. Сыт мыгъуи я усэт абыхэм, ауэ ФIыцIэрэ Хьэсэнрэ сагъэгушхуэн щхьэкIэ сыдэзыхьэха Iуэхур абы щыгъуэм къызэрыздаIыгъар гуапэу си гум къинэжащ. ИужькIэ «корреспондент ныбжьыщIэ» цIэр сиIэу школым, къуажэм щекIуэкI Iуэхухэр стхыжурэ газетым къытрадзэу щытащ.
 Си анэр жэщ-махуэ имыIэу губгъуэм итти, сэ анэшым сыщыIэрейт. Сабий IэубыдыпIэншэ жыхуаIэм сыхуэдэти, адэшхуэ-анэшхуэр къыстеплъэкъукIыу зыгуэр къысщыщIынкIэ шынэрти, си анэ шыпхъу нэхъыщIэм и гъусэу школым сагъакIуэрт. Мис абдежщ псори къыщежьар. Дерсхэм сыздыщIэсым сэ псом хуэмыдэу сыдихьэхащ ЩоджэнцIыкIу Алий и усэхэм. УсакIуэшхуэм и IэдакъэщIэкIыу еджакIуэхэр къызэджэр сэ гукIэ къэзубыду щIэздзащ.
ЩоджэнцIыкIум и творчествэр фIыуэ зэрызигъэлъэгъуам къыщымынэу, си анэ шыпхъум пэщIэдзэ классым сымыкIуэ щIыкIэ тхэкIи еджэкIи сигъэщIащ. Аращи, анэдэлъхубзэм и IэфIыр япэу зыхызигъэщIауэ къызолъытэ си анэ шыпхъу ГуфIэжыкъуэ КIунэ.
Адыгэбзэр си нанитIми си анэми фIы дыдэу ящIэрт. Абыхэми я псэлъэкIэм, я псэлъафэхэм си бзэр нэхъ къулей ящIащ. Школым сыкIуа нэужь икъукIэ щIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъа Дзэмыхь ФIыцIэ куэд къызигъэщIащ. АдэкIэ университетым сыщIэтIысхьэри, абы щылажьэ литературэ кружокми сыхэтащ. Си гъусэу абы екIуалIэрт нобэ куэдым фIыуэ яцIыху IутIыж Борис, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Джэрыджэ Арсен, Сонэ Абдулчэрим, Абдокъуэ Iэуес, ПщыукI Нурхьэлий, Хьэх Заурбий, Апажэ Ахьмэд, Тхьэзэплъ Хьэсэн сымэ.
Иджыпсту усэу зы тхылъ хъун сиIэщ. Ауэ сэ сыусакIуэкъым, абы си Iуэху зэрыхэмылъыр къызгурыIуэжри, си усэхэр утыку къисхьэн щызгъэтыжащ. Си прозэм си гъащIэ хьэлъэр хэпща хъуащ. Гум псэхугъуэ къезымыт гупсысэр къыщызэныкъуэкъукIэ, щхьэхуимыту срехулIэ къалэмыр къэщтэным. «Уэ къэкIуэж закъуэ, папэ», «Чыщбалъкъ акъужь», «ХьэщIэ», нэгъуэщI тхыгъэхэри зэ тIысыгъуэкIэ стхащ.
 ГъащIэм къыщыхъуа Iуэхугъуэр лъабжьэ хуэмыхъумэ, ар тхыгъэкъым. Ар гум емыпхъуэмэ, псэм зыхимыщIэмэ, цIыхур еджэнукъым. ГъащIэм къыхэкIа тхыгъэрщ щIэджыкIакIуэр къызэрыпхудэхьэхынур. ЩыIэщ ар къызыгурымыIуэ тхакIуэхэри, я IэдакъэщIэкIхэм къагупсыса Iуэхугъуэ гуэр лъабжьэ хуащIрэ, я Iэпэм «къыщIафыкIыу» тIысыжу. Тхылъеджэр къыпхуэгъэпцIэнукъым. «Мыр зытхами, тхакIуэу зыкъелъытэж», - къыпхужаIэнурэ ежьэжынущ, уи тхыгъи абы иужькIэ къилъыхъуэжынукъым. Сэ усэ щIэзмытхыжри аращ. Сигу ирихьыжыркъым ар къызэрызэхъулIэр. Сэ сызэрызэплъыжам хуэдэу нэгъуэщI зыкъомыр зэплъыжауэ щытамэ, апхуэдиз усэ мышыур нобэ дунейм къытехьэнтэкъым. ДиIэщ усакIуэ нэсхэр. IутIыж Борис, Бещтокъуэ Хьэбас сымэ я усэхэр уахътыншэщ.
Ди жагъуэ зэрыхъунщи, тхылъыр интернетым иригъэкIуэтащ, щIалэгъуалэм я деж абы и пщIэр щелъэхъшэхащ. Тхылъым цIыхум и гъэсэныгъэмкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ, аращи, абы и лъэныкъуэкIэ куэд тфIокIуэд.
Адыгэ литературэм и гугъу пщIымэ, тхакIуэ, усакIуэ нэсхэр диIэщ. АдэкIэ литературэм зиужьыныр зэлъытар ди цIыхухэм я псэукIэрщ. Иджыпсту зэманыр гугъущ. Зи унагъуэр зыхуей хуэзымыгъэзэфым литературэ и Iуэхукъым. Дыщыгугъынщ, цIыхухэм я псэукIэр ефIэкIуэжу, литературэмрэ щэнхабзэмрэ я гупэ щыхуагъэзэжын зэман къэсыну.

ЩхьэщэмыщI Изэ.
Поделиться: