Лъэпкъым хьэлэлу хуэлэжьа адыгэлI

Къэшэж Псэбыдэрэ Апхудэ Быхуэрэ зэдагъуэта бынитхум я пажэр ТIалибт. Абы къыдалъхуахэт Щыхьым, Дым, Цацу, Хъанэ сымэ. Зыхалъхуа лъэхъэнэм еплъытмэ, ТIалиб куэд зыщIа, лъэпкъыр зыхэта кIыфIыгъэм, щIэныгъэншагъэм къыхэшыным куэд хуэзылэжьа цIыхущ. Къэшэж ТIалиб IуэрыIуатэджщ, узэщIакIуэщ, совет лъэхъэнэм жылагъуэ лэжьакIуэу щытащ.
Дзэлыкъуэ куейм хыхьэ Къармэхьэблэ къуажэм I866 гъэм къыщалъхуа щIалэр зыри хуэмыныкъуэу къэхъугъащ. Абы и адэ Псэбыдэ и лэжьыгъэр сату щIыным епхат, Быхуэ и бынхэр зыхуей хуигъазэу къигъэхъурт. Набдзэгубдзаплъэу щыт, щIэныгъэм хущIэкъу ТIалиб пэщIэдзэ щIэныгъэр къуажэ мыдрисэм щызригъэгъуэтащ. Абы иужькIэ къиухащ Кавказ ЩIыбым щыIэ семинариер, Бытырбыху дэт университетым щеджащ. Юрист IэщIагъэм хуеджа, абы фIы дыдэу щыгъуазэ щIалэм къегъэзэж и хэкум.
ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ зиIэу къэкIуэжа ТIалиб хущIэкъурт езым къыдалъхуахэм, къуажэдэсхэм щIэныгъэ яригъэгъуэтыну, иригъэджэну. Къуажэ еджапIэм щылэжьэну хущIэкъуами, абы ар къехъулIакъым. Абы щхьэусыгъуэ зыбжанэ иIэщ. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, диным и лэжьакIуэхэу мыдрисэм щезыгъаджэу щытахэр. Абыхэм, диным емыпха дэтхэнэ зы Iуэхугъуэри икIагъэу, щыуагъэу къафIэщIырт. Апхуэдэ гупсысэр пэжу зэрыщымытым пэщIэува, абы хуэмыарэзы щIалэр а еджапIэм ягъэувынутэкъым. Абы къыхэкIыуи ТIалиб лэжьэн щыщIидзащ Налшык хейщIапIэм.
Хэкум щызекIуэ Iуэхугъуэ куэдыр зигу тезымыгъэхуэф щIалэм и Iуэху еплъыкIэхэм къэзыухъуреихьхэр щигъэгъуазэу, революцэм хуэунэтIа къыхуеджэныгъэхэр зэрыт тхылъымпIэхэр зэритхым къыхэкIыу, Къэшэжым суд тращIэри, I905 гъэм Дагъыстэным ягъэIэпхъуэ. Илъэситху нэблагъэкIэ щыIащ щIалэр здагъэIэпхъуам.
Къэбэрдейм къызэригъэзэжыххэу, абы Докъушыкъуей дэт еджапIэм щылажьэу щIедзэ. I9I0 гъэм езым и къуажэжьым мэкIуэжри, абы еджапIэ къыщызэIуех. Урысыбзэ зыщIэ, есэп щIыным фIы дыдэу хэзыщIыкI, тхыдэ хъыбархэр, таурыхъхэр зэхуэзыхьэсыж егъэджакIуэм куэдым щапхъэ трах хъуащ. Абы къыгурыIуэрт лъэпкъыр зыхэт кIыфIыгъэм къыхэшын, цIыхухэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ ямыIэми, тхэуэ-къеджэу, лъэпкъым и тхыдэм дэтхэнэри щыгъуазэу щытын зэрыхуейр.
ТIалиб ящыщщ Жэпуэгъуэ революцэм хэтахэм, ар иуха нэужь совет властыр Къэбэрдейм щыгъэувыным яужь итахэм. Мызэ-мытIэу цIыхубэм лIыкIуэу хаха Къэшэжыр Къэбэрдейм хейщIапIэ IэнатIэу къыщызэрагъэпэщам и лэжьакIуэу ягъэуващ. Революцэ нэужьым абы нэхъри куууэ и лъэпкъым хуэлажьэу щIедзэ. Адыгэ лъэпкъым папщIэ алыфбей зэхелъхьэ, къуажэм къыщызэIуиха еджапIэм щылажьэурэ адыгэбзэм хуэунэтIауэ щыт тхылъхэр зэхелъхьэ. Адыгэ узэщIакIуэ Тамбий Пагуэ дэщIыгъуу IуэрыIуатэм йолэжь, абы щыщ тхыгъэхэр дунейм къытрегъэхьэ. Къыхэгъэщыпхъэщ мы тхыгъэхэр ТIалиб урысыбзэкIэ зэритхыжар. Тхыдэр зи лъабжьэу щыт тхыгъэу Къэшэжым къытхуигъэна фIыгъуэщ «Андемыркъан», «Тамбий Къэбардэ къызэрыIэпхъуар», «Ещэнокъуэ зэшхэр», «Кърымхэр - Къэбэрдейм». «Ещэнокъуэ зэшхэр» тхыгъэм курых хуэхъур ар тхыдэм зэрытепсэлъыхьым и закъуэкъым, атIэ абы IупщIу хыболъагъуэ адыгэхэм я хейщIапIэ Iуэхур зэрекIуэкIыу щытар, хьэщIэхэм зэрахущытар, ныбжьэгъугъэмрэ цIыхум и пщIэмрэ гулъытэ хэха адыгэхэм сыт щыгъуи зэрыхуащIыгъар.
КъищынэмыщIауэ, ТIалиб тхыгъэ куэд зэхуихьэсыжащ икIи итхыурэ къыдигъэкIыжащ адыгэхэм я хабзэхэм теухуауэ. «Этнографическое обозрение» журналым къытрадзащ ТIалиб и IэдакъэщIэкI тхыгъэ хьэлэмэтхэу хьэгъуэлIыгъуэм, хьэнцэгуащэм, гъавэ Iухыжыгъуэм ехьэлIауэ адыгэхэм ящIу щыта тхьэлъэIухэм тепсэлъыхьхэр.

МАХУЭЛI Беслъэн.
Поделиться:

Читать также: