Тхылъеджэхэм папщIэУрысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм ведомствэм щIэмыт и хъумакIуэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэр хэтащ «Дарите книги с любовью» фIэщыгъэм щIэту Налшык къалэм и ХьэтIохъущыкъуей паркым ит жылагъуэ библиотекэ зэIухам деж щекIукIа Iуэхум. Росгвардейцхэм библиотекэм и фондым халъхьащ хамэ къэрал, хэку литературэм и классикэ тхылъхэр. «Урысейпсо цIыхубз зэгухьэныгъэ» - «Урысейм и гугъапIэ» урысейпсо жылагъуэ организацэм и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Черновэ Аленэ апхуэдэ гулъытэм папщIэ Росгвардием и лэжьакIуэхэм фIыщIэ яхуищIащ. «Мыпхуэдэ Iуэхухэр ди республикэм щыпсэухэмрэ и хьэщIэхэмрэ я щэнхабзэмрэ щIэныгъэмрэ хэзыгъахъэущ. Сыщогугъ мы тхылъхэм я щIэджыкIакIуэ яIэну. Мыр IуэхуфIщ, щхьэпэщ икIи адэкIи зиужьыну сыпоплъэ»,- жиIащ Iуэхум хэта полицэм и лейтенант Щоджэн Мурат.
Поделиться:
Читать также:
18.05.2024 - 10:48 →
Унагъуэращ Хэкур къыщежьэр
17.05.2024 - 17:37 →
ЗыплъыхьакIуэм и еплъыкIэ
17.05.2024 - 15:35 →
Мазищым кърикIуахэр
17.05.2024 - 12:26 →
КъэкIыгъэхэм я нэIэ тетщ
16.05.2024 - 19:35 →
ГукъэкIыжхэр гъащIэм щыщу
|