ГъащIэр лъапIэныгъэ нэхъыщхьэщУрысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэм къызэрагъэпэщащ «Лъы ты – гъащIэ къегъэл!» псапэ зыпылъ Iуэху. Лъы щыхаш станцым пщэдджыжьым жьыуэ екIуэлIащ абы хэтыну гупыж зыщIа, щIыналъэ МЧС-м и IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэр. Къапщтэмэм, мыбыхэм ящыщ куэдым я дежкIэ ар япэкъым, яхэтщ иджы къахыхьахэри, къыхэдгъэщынщи «ЩIыхь зиIэ донор» хъуахэри щыIэщ. - Лъы ятым хуэныкъуэщ ар и чэзум ягъуэтын-ямыгъуэтыным зи гъащIэр елъыта цIыхухэр. Иужь зэманым къыхэхъуащ апхуэдэхэм. Дэ тщыщу лъы зыта дэтхэнэми Iэмал иIэщ цIыху гъащIэ къригъэлыну,- къыхигъэщащ Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм и унафэщI Надежин Михаил. Урысей МЧС-р илъэс 32-рэ щрикъум, дыгъэгъазэм и 27-м, ирихьэлIэу къызэрагъэпэща мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхум хэтащ цIыху 95-рэ. Гудзакъэ, гуапагъэ зыбгъэдэлъ щIыналъэ МЧС-м и лэжьакIуэхэм, Iэмал имыIэу лъы тын зэрыхуейм шэч къытезыхьэхэр къыхураджэ донор ухъуныр ипэжыпIэкIэ ар мыхьэнэшхуэ зиIэ цIыхугъэу зэрыщытыр зыхащIэну. ЖаIэ: «ЦIыху гъащIэ къегъэлыныр лъапIэныгъэшхуэщ!»
Поделиться:
Читать также:
18.05.2024 - 10:48 →
Унагъуэращ Хэкур къыщежьэр
17.05.2024 - 17:37 →
ЗыплъыхьакIуэм и еплъыкIэ
17.05.2024 - 15:35 →
Мазищым кърикIуахэр
17.05.2024 - 12:26 →
КъэкIыгъэхэм я нэIэ тетщ
16.05.2024 - 19:35 →
ГукъэкIыжхэр гъащIэм щыщу
|