Суд зытращIыхьа шоферхэм яхуозэУрысей МВД-м Тэрч рйонымкIэ и IэнатIэм щекIуэкIащ Къэрал автоинспекцэм и къудамэм и инспекторхэм, Урысей ФСИН-м и Управленэу КъБР-м щыIэм и район IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэр ящIыгъуу къызэрагъэпэща зэIущIэ. IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэм районым щыпсэухэугъ гъуъэгум зэрыщызекIуэ хабзэм ебэкъуауэ административнэ жэуапым зэрырашэлIам ипкъ иткIэ суд зытращIыхьахэм яхуэзэри яхутепсэлъыхьащ чэфу рулым дэсхэм я зэранкIэ къэхъу транспорт зэжьэхэуэм кърикIуэхэм. - Мыпхуэдэ зэIущIэхэмкIэ ди мурадыр хабзэр уэим зыщIхэм зыкъегъэщIэжынырщ, фадэ ефауэ рулым дэсхэм я зэранкIэ гузэвэгъуэ къызэрыхъур ягурыгъэIуэнырщ, - къыхигъэщащ гъуэгум шынагъуэншэу щызекIуэныр яхэпщэнымкIэ инспектор, полицэм и капитан Замбур Азэмэт. ЗэIущIэм хэтахэм жраIащ чэфу транспортыр мызэ-мытIэу зегъэкIуэным къуэдышхуэ зэрытралъхьэр суд унафэкIэ зэрыIахыр зэрыармырар нэхъывщхьэр, атIэ апхуэдэ гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэм хэтхэмрэ ар къэзыгъэхъуахэмрэ я узыншагъэмрэ гъащIэмкIэ шынагъуэшухуэу зэрыщытырщ. Я зэхуэзэм и кIэухыу ДТП-м кърикIуэнкIэ хъунухэм ехьэлIауэ къызэхуэсахэр ирагъэплъащ Тэрч районым и щIыналъэм гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм теухуауэ щытраха видеокадрхэм. Къэрал автоинспекцэмрэ УФСИН-м и лэжьакIуэхэмрэ я мурадщ цIыху щхьэпэну мыпхуэдэ Iуэхухэр егъэкIуэкIыным адэкIи пащэну.
Поделиться:
Читать также:
18.05.2024 - 10:48 →
Унагъуэращ Хэкур къыщежьэр
17.05.2024 - 17:37 →
ЗыплъыхьакIуэм и еплъыкIэ
17.05.2024 - 15:35 →
Мазищым кърикIуахэр
17.05.2024 - 12:26 →
КъэкIыгъэхэм я нэIэ тетщ
16.05.2024 - 19:35 →
ГукъэкIыжхэр гъащIэм щыщу
|