Шорэ Туркан: «Ину фIыщIэ пхузощI, кино»

Хъун Эдиз и гъусэу «Пщащэ ныбжьыщIэ» фильмым хэтщ. 1963 гъэ

Тыркум щыцIэрыIуэ, адыгэ лъэпкъым къыхэкIа актрисэ Шорэ Туркан и ныбжьыр илъэс блыщI ирикъуащ. Абы теухуа тхыгъэхэр мызэ-мытIэу тетащ ди газетым. Ауэ иджы «Си Киномрэ Сэрэ» фIэщыгъэр иIэу и гъащIэм теухуауэ къыдигъэкIа тхылъым зи гугъу щищIхэм фыщыдгъэгъуазэмэ ди гуапэу тыдодзэ тырку актрисэм, адыгэ бзылъхугъэм теухуа мы тхыгъэр.
Шорэ Туркан 1945 гъэм мэкъуауэгъуэм и 28-м Истамбыл къыщалъхуащ. «Тырку кином и сулътIан» цIэ лъапIэр къыхуагъэфэщауэ, псоми къацIыхуу икIи пщIэшхуэ къыхуащIу апхуэдэщ ди лъэпкъэгъу бзылъхугъэр. Ар кином и дунейм щыхыхьар 1960 гъэращ, япэу зыхэтар «Къуажэм фIыуэ щыслъэгъуащ зы пщащэ» фильмращ. Туркан и япэ саугъэтыр - «Дыщэ ТIамыр» (Апельсин) 1964 гъэм Анталие щекIуэкIа фестивалым къыщратащ «ГъащIэ дыдж» фильмым щигъэзэщIа ролым щхьэкIэ, зи зэфIэкIыр нэхъ ин актрисэу къалъытэри. А саугъэт дыдэр 1968, 1987, 1994 гъэхэми къратащ, апхуэ­дэуи «ИгъащIэкIэ щIыхь зиIэну актрисэ» саугъэтыр 1996 гъэм къыхуагъэфэщащ. КъищынэмыщIауэ, Адана щекIуэкIа «Дыщэ шылащхьэ фестивалми» 1973 гъэм цIэ лъапIэ къыщыфIащащ.  Псори зэхэту къапщтэмэ, апхуэдэ саугъэту 20-м щIигъу иIэщ абы.
Телефильму, сериалу 222-м щыджэгуащ Шорэ Туркан, абы и лъэныкъуэкIэ фильм нэхъыбэ дыдэм хэта актрисэ дуней псом щыхъуащ. 1971 гъэм абы иригъэщIащ езым и цIэр зезыхьэ пэщIэдзэ еджапIэ. Туркан ящыщщ езыр режиссёру фильмым хэта актрисэ мащIэм. 1972, 1973, 1976, 1981 гъэхэм фильмиплI трихащ Шорэм, езыр режиссёру икIи роль ­нэхъыщхьэр щигъэзащIэу.

Шорэ Туркан и сабиигъуэр

«Вы хъунур шкIэ щIыкIэ къыбощIэ» зэрыжаIэщи, Шорэхэ япхъу Туркани зы бэлыхь зэрыхъунур къыумыщIэнкIэ Iэмал иIэтэкъым, абы и сабии­гъуэм дунейр зэрызыхищIэу щытамрэ дахагъэм гу зэрылъи­тамрэ тепщIыхьмэ. Мис абы и сабиигъуэм и нэ дахитIым ялъагъуфа телъыджэр, и сабиигу хей къабзэм зыхищIэфар:
«Зы щIымахуэ пщэдджыжьщ, даущыншэрэ гупсэхугъуэу... Ди унэ балконым сытетщ, уафэр щIыIэ мыл джейщи, содыкъ. Ауэ уафэ щIыIэр си жагъуэкъым, сфIэфIщ. Си нэр зды­нэплъысым къиубыд теплъэгъуэ­хэм си псэр яхьэхуауэ, си гур сIэпах. Уафэ щIэншэ, гъунэншэ дахащэм  къафэ дахэ къыщащI хуэдэу, пшэ хужьыфэ-гъуабжафэхэр хуэм цIыкIуу­рэ щос. Зыр зым зыхуа­гъафIэу, IэплIэ зэхуа­щIыным хуэпабгъэ хуэдэу зызэхуа­ший, уэздыгъей жыг кIы­хьышхуэхэм уэшх ткIуэпсхэр, нал­къутналмэс зырызу фIэкIа умыщIэну, къудамэ псыгъуэхэм къаполыдыкI... АдрыщI къыщежьа кхъу­хьыр, къыдригъэхуей тхъурымбэ хужьыбзэхэр зэри­дзэкI-зэринэкIыурэ блосыкI... Къыпхуэмы­Iуэтэну теплъэ телъыджэщ. А теплъэ дахащэ­хэр кино теплъэгъуэх­эм щыс­лъагъу хуэдэу си нэгу къыщIызогъэувэ».
Апхуэдэу къыщIедзэ Шорэ Туркан и гукъэкIыжхэм ятриухуа тхылъыр.
Ар тхылъышхуэщ, напэкIуэцI 400-м нэблагъэу. Туркан абы къыщеIуатэ кино гъуазджэм епха хъуа и гъащIэр, абы ныбжьэгъу къыхуищIахэр, ­фIыгъуэ-дахагъэхэр, гукъэкIыжхэр, ­тыр­ку кином къикIуа гъуэгуанэр, абы зэрызиужьар, нэгъуэщIхэри.
Шорэ Туркан и адэшхуэ Мурат Тыркур и щхьэхуитыныгъэм щыщIэзэуа 1919 - 1922 гъэхэм дзэпщ пашэт, Истамбыл-Iэюб районым щыкъулыкъущIэт. Абы и дзэпщ джатэр иджыри ихъумэу жеIэ Туркан. Актрисэ цIэ­рыIуэм и адэшхуэм и анэм и цIэр Гуа­щэхъант.
Туркан и адэшхуэм и унагъуэм щIалищрэ зы хъыджэбзрэ яIэт. Езым и адэ МирIат-Хъалиди, и адэ къуэш нэхъыжь Адили полицэм хэтт. Адрей и адэ къуэш нэхъыщIэ Ридуани политикт, парт гуэрым щылажьэрт. Туркан и адэ шыпхъу Надири егъэджакIуэт, иужькIэ лIы дэкIуэри, и унэцIэр Уарлы хъуащ. ЗэкъуэшитIымрэ я шыпхъумрэ я адэм и унэжьу щыта, къатищу зэтетым щызэдэпсэухэрт - зы къатым Ридуан, зым Надирэ, зым Туркан и адэ-анэр, Адил щы­лажьэ щIыпIэм щыпсэурт.
Хъыджэбзым и ныбжьыр илъэсибл ирикъухукIэ унагъуэшхуэр а унэм щы­зэдэпсэуащ. Ридуан быниплI иIэ­ти, абыхэмрэ Турканрэ зэрыгъэбзаджэ­рэ, зэрыгъэтхъэжу щызэдэпсэурт, зыгъэфIэнрэ къащхьэщыжын­рэ я ­куэду. Пщащэр илъэсибл ирикъуа къу­дейуэ, и адэр и шыпхъумрэ   и ­къуэшымрэ ящыIейри яхэкIащ, а район дыдэм нэгъуэщI унэ бэджэнду къыщищтэри, абы Iэпхъуащ. Абдежым щиухащ Туркан и сабиигъуэ тхъэгъуэр.
Шорэм и анэ Сау Мэлихьэри Салоникхэм къиIэпхъукIа адыгэ унагъуэм япхъущ. Мэлихьэ и адэ Шыкури лIы зэкIужу щытащ, сыт хуэдэ гупми къахэщу.
Туркан и адэм унагъуэр тыншу игъэп­сэуну хущIэкъурт, ауэ полицэм къыщихь лэжьапщIэмкIэ ар зэры­хуейуэ хузэфIэкIыртэкъым. Iулъхьэ жы­хуаIэр хьэрэмти, ягу къэкIыххэртэкъым. Абы къыхэкIкIэ, Туркан и анэри лэжьэн хуей хъуащ. Хъыджэбз цIыкIур пэщIэдзэ еджапIэм щы­щIэтIысхьам къыдэIэпыкъуни, тезыгъэуни, зыгъэгушхуэни игъуэтыртэкъым - и адэр полицэм хэтти, щы­кIуэ­ри къыщыкIуэжри убзыхуатэкъым, и анэми лэжьыгъэр щиухыр гувауэт. ЕгъэджакIуэр нэфIкIэ къеплърэ къе­дэхащIэмэ, арат и гурыфIыгъуэр. ПэщIэдзэ еджапIэм щIэтIысхьа къудейуэ, Тырку Парламентыр къы­щы­зэIуах махуэм хъыджэбз цIыкIу гуэр усэ кърагъэджэн хуей мэхъури, Туркан къыхах. Абы нэхъ Iуэхушхуэ дунейм темыт хуэдэу къыщыхъуу, Туркан усэ кIыхьышхуэм къызэфIэмынэу, дахэу къоджэри, еджапIэми къыщацIыху, фIыуэ къыщалъагъу мэхъу. Музыкэми хэзагъэу, къэфэнми хуэ­Iэзэу, сурэт щIыни ифIэфIу апхуэдэт Шорэхэ я пхъур, еджэнымкIи зыри зытригъакIуэртэкъым. Ет­хуанэ клас­сыр къыщаухым щыгъуэ зы пьесэ ягъэувати, абыи роль щигъэзэщIащ Туркан.

Унагъуэм гурыфIыгъуэ имылъмэ…

ЕкIуэкIыурэ 1954 гъэм Туркан и шыпхъу нэхъыщIэ Назан къалъхуащ. Абы тIэкIу тригъэу пэтми, адэмрэ анэмрэ зэзэгъыркъым, куэд дэ­мы­кIыу зэбгъэдокIыжхэр. Апхуэ­дэм деж зэрыхъу хабзэу, сабиитIыр анэм къещтэри, нэпс-IупскIэ зэрипIыным ­хущIокъу. Адэм зегъэгусэри зегъэбзэхыпэ. Абы иужькIэ зэи къалъы-­гъуэ­зэжыркъым. И адэ къуэш, адэ шыпхъухэри зэрызэщыIеящи, ап­­хуэ­дабзэщ.
Гугъуехьышхуэ хэту псэуахэщ. Назанрэ Турканрэ зэхуэгумащIэу, зэхуэ­зэшу, зэрымылъагъумэ, зэхуэлIэу жы­хуаIэм хуэдэу, зэхущытщ. Туркан и анэр иужькIэ лIы дэкIуэжри, аргуэру зы хъыджэбз къилъхужат. Аращ я шыпхъу ещанэр. Туркан и адэми нэгъуэщI фыз къишэжри, абыхэми зы щIалэ къахэхъуат, ауэ ар куэдрэ псэуакъым, пасэу дунейм ехыжащ.

Кином хуэзышэ япэ  лъэбакъуэхэр

Туркан и адэшхуэм деж щыIэу    зы пщы­­хьэщхьэ пшапэзэхэуэгъуэу щхьэ­­­­­­гъубжэм щыдэплъым, цIыхухэр зэ­рехьэхыу къелъагъу, адрей махуэ къы­зэрыгуэкIхэм емыщхьу. Езыри абыхэм яхыхьэну, здэкIуэр зригъэщIэну хуей щхьэкIэ, и закъуэу яутIыпщыркъыми, гъунэгъухэм я гъу­сэу макIуэ. Езым къеIуэтэж:
«... Уэздыгъэ нэхушхуэ щэджащэхэм жэщыр махуэ дыгъэпс хуэдэу нэху къащIауэ зы утыкушхуэ дыхуозэ. ЯпэщIыкIэ си нэм къыфIэнэр зы цIыхубз дахащэ гуэрым и напэщ, мелыIыч напэщ, тхьэIухудщ. Нэхухэр телъалъэу зеплъыхь, уафэм доп­лъей. Адрейхэм иужькIэщ гу ща­лъыстэр, зопсалъэхэр, зыгуэрурэ ­защI. ЗищIысыр къызгурыIуэщатэкъым абы щыгъуэ, ауэ кинофильм трахыу, а цIыхубз дахащэри актрисэ цIэрыIуэ Нур Мухьтерэму къыщIокI. Псо­ри абы йожалIэри, и Iэ щIэдзауэ и сурэт къыIах. Сэри чэзум сыхоу­вэри, и сурэт къыIызох.
ЯфIэгъэщIэгъуэну абы еплъхэм я япэ дызэм (рядым) сыхэтщ. Кинофильмыр тезыххэм ящыщ гуэрхэр зэ­зэмызэ зыкъагъазэрэ къызэплъу, зым адрейм сригъэлъагъуу гу лъызотэ. Ящыщ зыр къызбгъэдохьэри, зыгуэрхэр къызжеIэ. СымыцIыху хамэм псэлъэгъу сыхуэхъуу сесакъыми, сопIейтей, къызжиIэхэр къызгурыIуащэркъым. Си гур си бгъэм къыдэлъэтын хуэдэу къоуэ, сыщтэIэщтаблэу сыщIопхъуэжри, си адэш­хуэ-анэшхуэм я пэшым лъагэу щы­зэтелъ уэншэкухэм захызодзэри, ­гъуджэр сIыгъыу сызоплъыж, си щхьэцхэр зэхэзэрыхьауэ солъагъу. Гъуджэр зэм жыжьэу IузогъэкIуэт, зэм гъунэгъу зыхузощIыж. Сызыхэта щтэIэщтаблагъэм къыхэкIыу, си нэ­кIущхьэхэр нэхъ плъыжь къэхъуащ. Си набдзэхэм, си нэхэм, си Iупэхэм хуэплъэу соплъри, сызэрыдахэр зы­хэсщIэу, цIыхухэр къы­щIызэплъыр къызгурыIуэу щIызодзэ.
А махуэм кинофильм щытрах утыкум жэрыжэкIэ сыкъижыжу сыкъыщIэпхъуэжа щхьэкIэ, зы илъэс фIэкIа дэмыкIыу сегупсыс хъуащ фильм техыпIэм сыкъыщыхута зэрыхъунум. Кином и къару щэхум ситхьэкъуауэ, сиумэхъауэ, малъхъэдисым хуэдэу сызыщIишэрт.

Абы иужь махуэ зыбжанэ дэкIауэ, Фатихь районым дэт гъэмахуэ кино зэIухам дашэри, и пэм къыщыщIэдзауэ, и кIэм нэсыху зы кинофильм сыщоплъ япэу. Фильмым и цIэр «МафIэс къэхъуащ». Нэхухэр ягъэункIыфI. Фильмым щIедзэ. ТIэкIу ­докIри, псори зэуэ зэдогъ, зэдодыхьэшх, фильмым итхьэкъуащи, нэгъуэщI дуней щыIэу ящIэжыркъым. ХьэгъуэлIыгъуэ гуэр, пшыхь гуэр ирагъэкIуэкI хуэдэщ. Сэри сы­хэтщ а дуней щIэращIэм, Iупхъуэ хужьым къытридзэ драмэм сыхэтщ, си нэм нэпс къыщIож. Унэм сыкъэсыжыху сымыувыIэжыфу сы­гъащ. Ауэрэ кинор си гупсысэм, си гулъытэм, си зэхэщIэм къыхэпщIэу щIедзэ.
Си ныбжьэгъу хъыджэбзхэмрэ сэ­рэ артист зэкIуж цIэрыIуэхэм датхьэкъуауэ дателIэу, ахэр зэпэдубыду щIыдодзэ.
Щэбэт-тхьэмахуэхэм си анэм деж сокIуэжри, си шыпхъу цIыкIум сыдоджэгу. Си анэр зыщIэс унэр зейр Йылдыз Iэмэл жаIэу зы актрисэ цIэ­рыIуэ гуэру къыщIокI. Ар ныуэжь хъуа и анэр и гъусэу нэгъуэщI къатым тесщ, дэ илъабжьэм дыщопсэу.
ЦIыхум и гъащIэр зыхуэзам щиубзыху щыIэщ. Си анэм нэгъуэщI унэ къищтэ хъунут, ауэ сэ кино дунейм сыхэзышэну къару щэхур къыхэIэбагъэнт. Ар сэ си натIэм къритхагъэнт.
Ищхьэм тес Йылдыз Iэмэл деж сокIуэ зэзэмызэ. Хуабжьу фIыуэ сыкъелъагъу, сэри абы си шыпхъу нэхъыжь хуэдэу сыхущытщ, сохъуа­псэ, упхы­рыплъу нейлон лъэпэд зэрызыщитIагъэм, зэрызилэм сыдихьэхауэ ­соплъ... НыбжьыщIэщ, дахащэщ, узэгуэкIуэнщ, цIэрыIуэщ. Махуэ къэс Бейогълу районым (кином и центрым, артист псэупIэм) макIуэ. Зэи сымылъэгъуауэ, ауэ сы­зыщIэхъуэпс дунейм теухуауэ гъэ­щIэгъуэн къыс­хуеIуатэ.
Зы фильмыщIэ трахыну щыщIидзэ махуэ гуэрым сэри сыздишэну си анэм хуит сыкърегъэщI. Йылдыз Iэмэл и Iэпэр сIыгъыу унэм сыздыщIэкIым, сча лъэбакъуэхэр сэ ­кино дунейм сыхэзышэ япэ лъэба-  къуэу къыщIедзыж...
А махуэм Йылдыз Iэмэл сыздиша фильм техыпIэм къыщыхъу-къы­щы­щIэр къызгурымыIуэу, зы лъэныкъуэ сетIысэхауэ зысплъыхьырт. ЦIыхухэр адэкIэ-мыдэкIэ зежэрт, уэздыгъэ инышхуэхэр зэрахьэрт, кIапсэ кIы­хьы­шхуэхэр щIым теукъуэдият. Гу лъызотэ зэзэмызэ зыгуэрхэр къы­зэ­рысхуеплъэкIым.
Иужьрей махуэм сымыцIыху лIищ ди бжэIупэм деж си анэм къыщепсалъэу солъагъу, сэ си гугъу зэращIыр къызгуроIуэ. Си гур къилъэтын хуэ­дэу къоуэ. Зы кинофильм гуэрым ­сы­щыджэгуну хуит сищIыну, си анэм къе­лъэIуу аращ. Псалъэмакъыр кIыхь­лIыхь мэхъу. Зыкъезмыгъэлъагъуу щIыхьэпIэм деж зыщызогъэ­пщкIури, си гур къилъэтыным хуэдэу содаIуэ, си анэм яжриIэнур къэс­щIэ­ным сыщIэбэгыу. Жэуап пыухыкIа яритыркъым си анэм. ЗэрыжаIэмкIэ, си анэм «хъунщ» жиIэу щытмэ, ди унэм ахъшэ лей     къихьэнущ, гугъуехь дызыхэтым кIэ игъуэтынурэ дытын­шыжынущ. Ауэ сэ соджэ, фIыуэ соджэ, еджапIэр хыфIэздзэ хъунукъым, жэщи махуи ущагъэIэу еджапIэ щыIэщи, абы сагъэкIуэну унафэ ящIагъэххэщ.
Си къэкIуэнур си анэм къы­жьэ­дэ­кIыну псалъэ закъуэм епхащ. Махуэ зы-тIукIэ йогупсысри, си анэм ­«хъунщ» яжреIэ фIэмыфIыщэу. А «хъунщ» псалъэм си гъащIэ псор нэгъуэщIым хуеунэтI. Си анэм ищIа унафэм щхьэкIэ сыгуфIэнуми, сы­шы­нэнуми, сыгужьеинуми сымы­щIэ... Ауэ си щхьэм упщIэ куэд къотаджэ. Сэ си гуапэу, сфIэфIу соджэ. Иджы актрисэ сыхъуну ара? Сэ абы сыхуей, сыхуэмей?.. Фильм техы­пIэм сы­нэсыху, апхуэдэ упщIэ­хэр си щхьэм щызэрызохьэ».

Апхуэдэурэ Шорэ Туркан кином и япэ лъэбакъуэр щеч. КъыжраIэр егъэзащIэ, зэрыжаIэу зещI, зи роль игъэзащIэ пщащэм и пIэм йоувапэ­ри, апхуэдабзэу мэпсэу. Фильм­ те­хы­пIэм щигъэкIуа япэ махуэр мып­хуэ­дэу къеIуэтэж езым: «Iуэхуу сщIэм и уасэр, и уэимагъыр сщIэркъым, зы пщэрылъ сиIэ хуэдэу зы­хэсщIэр­къым. СхузэфIэкIын, сху­зэ­фIэ­мыкIын? Апхуэдэ гупсыси, шыни, ерыщагъи, сыздынэсын хуей зы щIыпIэ гъэнэхуаи сиIэкъым. Абы къыхэкIкIэ, камерэ пащхьэм зыкIи сыщыгужьеякъым, сыщыпIейтеякъым, схэлъу къыщIэкIа сэнауш къызэрыгуэкIым и фIыгъэкIэ, къы­зата ролыр тыншу, гупсэхуу згъэ­зэ­щIащ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, роль згъэзащIэркъым - а махуэм сэ зэ­рызысщIын хуейуэ къызжаIэхэр сэ си­ гъащIэм щызгъэзэщIа Iуэхугъуэ къы­зэрыгуэкI гуэр хуэдэу къыс­­­щохъу».
 «Къуажэм фIыуэ щыслъэгъуащ зы пщащэ» фильмыр щытрахым абы хэт артистхэр куэду къеплъащ хъы­джэбз цIыкIум, абы и дахагъым дихьэхащ, ролыр зэригъэзащIэр, псын­щIэу зэрыхэгъуэзар яфIэ­гъэщIэгъуэн хъуащ. Езым зэхимых я гугъэу, «ар зэрыдахэ, сэнау­шышхуэ зэрыхэлъыр» псалъэхэр къыхужаIэу зэхихыхукIэ, дауи, и гуа­пэ мэхъури, нэхъри тогушхуэ. ­Фильмыр къагъэлъэгъуа нэужь, критикхэм псалъэ гуапэхэр къыхужаIэ.
Кинофильм техыныр псынщIэу зэфIэкIыркъым, зэман куэд ехь. Япэ махуэхэм фильмри тесхынщ, еджапIэми сыкIуэнщ жиIэу щытамэ, ар зэрымыхъунур къыгурыIуэу щIедзэ. И егъэджакIуэхэм хъыбар къыхурагъэхь, фIыуэ зэреджэм щхьэкIэ еджэныр хыфIидзэн дэнэ къэна, Iэпэдэгъэлэл ищI мыхъуну къыхуа­гъэув. Езыми хуабжьу фIэфIщ еджэну, и ныбжьэгъухэр, и егъэджакIуэхэр и гум къокI, абыхэм яхуо­зэш. Сытми, еджапIэр хыфIидзэну хуейкъым. АрщхьэкIэ, а тIур хузэдэхьыркъыми, хыфIидзэн хуей мэхъу, и гур къеныкъуэкъуми. Экзамен итурэ еджэ зэрыхъунур иужькIэ къыщи­щIэм, тIэкIу и гур псэхуауэ актрисэ гъуэ­гуанэм тоувапэ.
И анэри Iэнкунщ, ярэби фIы сщIэуэ пIэрэ, хъыджэбз цIыкIум си ягъэ езгъэкIыу пIэрэ, жиIэу. И адэшхуэри арэзыкъым, ипхъуми и пхъурылъхуми закъыхуегъэгусэ, и пхъурылъху дахэ цIыкIур еджэу цIыхушхуэ хъу­ным и пIэкIэ, «артист» зэрыхъур и напэм къригъэкIуркъым.
Куэд щIауэ зэмыфIыж и адэ ­къуэшхэм я нэхъыщIэри къэгубжьауэ зы махуэ гуэрым къокIуэри, анэм пхъашэу къопсалъэ, къошхыдэ, «ддэнукъым ди пхъур актрисэ пщIыну» жеIэ, «е актрисэ умыщIу мыхъуну щытмэ, ди унэцIэр зевмыхьэ, ­фхъуэж, нэгъуэщI унэцIэ къафщтэ!».
Зэанэзэпхъум я фIэщу нэгъуэщI унэцIэ къалъыхъуэу щIадзэ - Гъагъэти, Розэти, Нэхути, Нурти, Дыгъэти, Мазэти... Ауэ езыхэм зыгуэрым трамыубыдэ и пэ, фильмыр тезыха фирмэм афишэхэр трыригъэдзауэ, блын куэдым кIэрагъэпщIауэ къыщIокIри, хуей-хуэмейми, Шорай унэцIэр зэрехьэ икIи иужькIэ апхуэдэу зэрыхъуар езыми хуабжьу и гуапэ мэхъуж, ари Тхьэм и унафэу къелъытэри, ину шыкур ­хуещI.
Адрей и адэ къуэш нэхъыжьми и гуа­пэтэкъым Туркан актрисэ зэры­хъуар. Ар полицэ тхьэмадэти, Анадолэм и къалэ зэхуэмыдэхэм ­къулыкъу щищIэрт. Туркан а къалэ дыдэм      фильм щытрихми, зэи къы­лъыгъуа­зэртэкъым. Илъэс зыбжанэ дэкIауэ, Туркан и адэ  къуэш нэхъыщIэ Ри­дуан (ди у­­нэцIэ зепхьэу ддэнукъым жиIэу, и анэм ­къешхыдэгъам) и къуэ­рылъху цIы­кIум махуэшхуэ хуа­гъэлъапIэу абы хэтыну Туркан макIуэ. Пэшым зэры­щIыхьэу хьэ­щIэхэм къацIыхури, Iэгуауэшхуэ къы­хуаIэт. Сабийр зы­хэлъ пIэм щыбгъэдыхьэм, и адэ ­къуэш Адилыр елъагъу Туркан, Iэ­гуауэ макъри зэпыуркъым. Илъэс куэд блэкIами, зэхуэмызами, акт­ри­сэ зэрыхъуар ямыгуэпами, иджы цIыхубэм Iэгуауэшхуэ зыхуаIэт япхъу Турканым зэрыригушхуэр и плъэкIэм къыбжеIэ. Хуабжьу я гуа­пэу Iэп­лIэшхуэ зэхуащIри, зокIуж­хэр.
Шорэ Туркан и лэжьыгъэр гъэщIэгъуэн защIэ пэтми, псори къэ­тIуэ­тэ­фынкъым, ауэ иджыри ди щIэджы­кIакIуэхэм нэхъ гукъинэж къащы­хъуну ди гугъэ теплъэ гуэрхэм я ­гугъу тщIынщ.
Шорэ Туркан 1972 гъэм зы кино­фильмым здыхэтым, абы и кIэухым деж шым шэсу и псэлъы­хъум дыщIэпхъуэн хуейт. АпщIондэху шым хъарзынэу тесарэ пэт, абдежым зытес шыгъажэшым нэгъуэщI зыш къыдэжэ хуэдэу къыщыхъущ, уэщIэ-дэмыщIэу щIэбгъунлъщ, щIэп­хъуэ­ри, Туркан къридзыхащ, и пщэ гуры­гъыр зэриудащ. НэгъуэщIу жы­пIэмэ, ажалым къелащ. Абы иужь зэман куэдкIэ кино Iуэху зэрихуэжакъым. Ауэ кином уитхьэкъуа нэужь, уи пщIыхьэпIэми ар хэтынущ.
Зы махуэ гуэрым газетым зы хъыбар къыщоджэ Туркан. Абы зэритымкIэ, зы щIалэ гуэрым ахъшэ къигъэхъэну, и унагъуэр тыншу игъэпсэуну и гугъэу нэмыцэм лэжьакIуэ макIуэ, и щхьэгъусэр къуажэм къыденэри. Зэман дэкIауэ и щхьэгъусэм псалъэмакъ трагъэIукI епцIыжауэ, щIа­сэлI иIэ хуэдэу. Ар щIалэм зэхехри, и щхьэгъусэр иукIыу и напэр игъэкъэбзэжын и гугъэу машинэм зредзэри, Тыркум къэкIуэжыну къожьэ. Ауэ гъуэгум машинэ зэжьэхуэм щыхокIуадэ.
Хъыбар гуузым Туркан
режиссёр ещI

Къызэджа хъыбар гуауэм куэдым ирегъэгупсыс Шорэ Туркан, и пщэ зэрыудар игъэхъужу здыхэлъым. «Мы­бы зы кинофильм хъарзынэ къы­хэпщIыкI мыхъуну пIэрэ?» - йогупсыс ар. Езым дзыхь зыхуищI режиссёр гуэрхэм захуигъэза щхьэкIэ хъуркъым, е нэгъуэщI Iуэху яIэу къыщIокI, е щхьэусыгъуэ гуэркIэ ядэркъым. И ныбжьэгъу гуэрым трегъэгушхуэ, езыр режиссёру а фильмыр трихыну.
Къапщтэмэ, а илъэсхэм абы тегушхуэгъуафIэтэкъым, апхуэдэ кинофильм тезыха бзылъхугъэ щыIэтэкъым, щыIэми мащIэ дыдэт. Режиссёр IэнатIэр хъулъхугъэ IэнатIэщ, бзылъхугъэр абы щIыхыхьэн щыIэкъым... Арат жаIэр. Ауэ хъунукъым, пхуэщIэнукъым жаIэхукIэ, Туркан нэхъри хуэерыщ мэхъу а Iуэхум, адыгэкъэ!.. Ар зы. ЕтIуанэрауэ, ­филь­мыр зи мылъкукIэ трезыгъэхыну и ныб­жьэгъу­ри хуабжьу щIэгъэ­­къуэн къы­хуохъу, трегъэгушхуэ: «Укъи­мы­­­кIуэт, умышынэ, фильмыр тепх­рэ, мыхъуу щытмэ, зыми­ езмыгъэлъа­гъуу згъэ­сыжынщ», - къыж­­реIэ.
Туркан, къызэджа хъыбарыр апхуэдизкIэ и гум щIыхьати, а ролыр и псэм зэрыхэлъым хуэдэу зыми хуэмыгъэзэщIэну къыщыхъурт. Арати, и пщэ гурыгъ зэрыудар иджыри мыхъужыпами, дохутырхэм къыхуа­мыдэми, игъащIэм игу къэ­мыкIа, зыхуемыджа режиссёр IэнатIэ хьэлъэм пэрыувэн, абыи къы­щымынэу, роль нэхъыщхьэри дигъэзэщIэн хуей мэхъу.  
Шорэ Туркан триха, езыри зыхэта фильмыр щIыпIэ куэдым щагъэлъэгъуащ. Ар Москва къашауэ зэры­щытари гукъэкIыж дахэу етхыж актрисэм.
«Кином хилъхьа гъащIэ Iыхьэм, и гуащIэм къыпэкIуэ пщIэр псэууэ илъа­гъужыну зи насып къихьа гъуазджэрылажьэ насыпыфIэ мащIэхэм сащыщщ сэ.
Ину фIыщIэ пхузощI, кино, ину фIыщIэ...» – еух тхылъыр абыкIэ.
Шорэ Туркан хуабжьу фIыуэ ялъэгъуащ, ягъэфIащ, ягъэлъэпIащ, ауэ езыр зэи щыкIакъым, удэфакъым, фIыуэ къэзылъэгъуахэм зэи къахуеп­лъыхакъым, кинор игъэбжьыфIа пэтми, кином зэрыдэбжьыфIар зэи зыщигъэгъупщакъым.

Туркан илъэс 32-рэ ирокъу.


Кремлым щохьэщIэ. Къыбгъэдэтыр киноактрисэ цIэрыIуэ Лолобриджидэ Джинэщ.
Москва, 1973 гъэ


Илъэс 17-м итщ.


1970 гъэ


1973 гъэ


И адэ Шорэ Хъалид. 1948 гъэ


И анэ Сау Мэлихьэ. 1946 гъэ


И адэшхуэ Шорэ Мурат. 1925 гъэ


И шыпхъу Шорэ Назан. 1976 гъэ


Шорэ Туркан цIыхухэм ягъэлъапIэ. Истамбыл, 2015 гъэ

 

Уэзэн Мухьэрэм.
Поделиться: