Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Урысей Федерацэм и цIыхухэу мобилизацэм ипкъ иткIэ Урысей Федерацэм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм къулыкъу щащIэну зэрраджэм къыхэкIыу дзэ къулыкъур ехьэкIынымкIэ контрактым Iэ щIэзыдзахэм, абыхэм я унагъуэхэм щыщхэм Урысей Федерацэм псэупIэмкIэ и законодательтвэм тету псэупIэмрэ коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэмрэ я уасэхэр. Фэтэр куэд хъу унэм псоми я зэхуэдэ мылъкуу хэтыр капитальнэу зэгъэпэщыжынымкIэ взносыр и зэманым къриубыдэу икIи (е) ирикъуу зымытахэм тралъхьэ пеняр зэрыщхьэщах Хабзэр къэщтэным и IуэхукIэ
«Урысей Федерацэм и хабзэ мардэ щхьэхуэхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» 2022 гъэм гъатхэпэм и I4-м къащта Федеральнэ Закон №58-ФЗ-м и 9-нэ статьям ипкъ иткIэ унафэ сощI:
1.   Урысей Федерацэм и цIыхухэу мобилизацэм ипкъ иткIэ Урысей Федерацэм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм къулыкъу щащIэну зэрраджэм къыхэкIыу дзэ къулыкъур ехьэкIынымкIэ контрактым Iэ щIэзыдзахэм, абыхэм я унагъухэм щыщхэм Урысей Федерацэм псэупIэмкIэ и законодательтвэм тету псэупIэмрэ коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэмрэ я уасэхэр, фэтэр куэд хъу унэм псоми я зэхуэдэ мылъкуу хэтыр капитальнэу зэгъэпэщыжынымкIэ взносыр и зэманым къриубыдэу икIи (е) ирикъуу зымытахэм тралъхьэ пеняр зэрыщхьэщах Хабзэр къэщтэн мы Указым и гуэдзэным зэритым хуэдэу.
2. Мы Указым къару егъуэт официальнэу къыщытрадза махуэм щегъэжьауэ икIи абы и къарур ятохуэ 2022 гъэм жэпэугъуэм и 7-м щыщIэдзауэ зэтеува хабзэ зэхущытыкIэхэм.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек
Налшык къалэ
2022 гъэм дыгъэгъазэм и 6-м
№128-УГ

Поделиться: