Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къызэрымыкIуэ щытыкIэхэр къэмыгъэхъунымрэ абыхэм я лъэужьхэр гъэзэкIуэжынымкIэ, мафIэс шынагъуншагъэ къызэгъэпэщынымкIэ и комиссэм хэтхэр къэщтэным и IуэхукIэ
 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къызэрымыкIуэ щытыкIэхэр къэмыгъэхъунымрэ абыхэм я лъэужьхэр гъэзэкIуэжынымкIэ, мафIэс шынагъуншагъэ къызэгъэпэщынымкIэ и комиссэм хэтхэр къэщтэн мы Указым и гуэдзэным зэритым хуэдэу.
2. Къару имыIэжу къэлъытэн «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къызэрымыкIуэ щытыкIэхэр къэмыгъэхъунымрэ абыхэм я лъэужьхэр гъэзэкIуэжынымкIэ, мафIэс шынагъуншагъэ къызэгъэпэщынымкIэ и комиссэм хэтхэр къэщтэным и IуэхукIэ» 2020 гъэм мэкъуауэгъуэм и 29-м Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм къыдигъэкIа Указ №77-УГ-м.
 3. Мы Указым къару егъуэт Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.
 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
Налшык къалэ
2022 гъэм дыгъэгъазэм и 29-м
№147-УГ

 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2022 гъэм дыгъэгъазэм и 29-м къыдигъэкIа Указ №147-УГ-мкIэ къищтащ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къызэрымыкIуэ щытыкIэхэр къэмыгъэхъунымрэ абыхэм я лъэужьхэр гъэзэкIуэжынымкIэ, мафIэс шынагъуншагъэ къызэгъэпэщынымкIэ и комиссэм хэтхэр
КIуэкIуэ К. В. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэр (Комиссэм и тхьэмадэщ)
Къуныжь М. А. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэр (Комиссэм и тхьэмадэм и къуэдзэщ)
Надежин М. В. - Урысей Федерацэм Граждан зыхъумэжыныгъэм и IуэхухэмкIэ, къызэрымыкIуэ щытыкIэхэмкIэ, къэхъуа гузэвэгъуэхэмя лъэужьхэр гъэзэкIуэжынымкIэ и министерствэм и Управленэ нэхъыщхьэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и унафэщIыр (Комиссэм и тхьэмадэм и къуэдзэщ, зэгурыIуауэ)
Асанов А. У. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министрыр
Ахубеков Щ. А. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм промышленностымкIэ, энергетикэмкIэ, сатумкIэ и министрыр
Бежан Б. Ю. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и «КъБР-м Медиа» къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэм и унафэщIыр
Геккиев М. Ю. - ГидрометеорологиемкIэ, дыкъэзыухъуреихь дунейм кIэлъыплъынымкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и «Къурш геофизикэ институт» федеральнэ къэрал бюджет IуэхущIапIэм и унафэщIыр (зэгурыIуауэ)
Бэрбэч А. Хь. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ухуэныгъэмрэ псэупIэ- коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министрыр
Бжахъуэкъуэ А. П. - Урысей Федерацэм Граждан зыхъумэжыныгъэм и IуэхухэмкIэ, къызэрымыкIуэ щытыкIэхэмкIэ, къэхъуа гузэвэгъуэхэм я лъэужьхэр гъэзэкIуэжынымкIэ и министерствэм и Управленэ нэхъыщхьэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и къудамэм и унафэщIыр (зэгурыIуауэ)
Богаченкэ Е. М. - «Гидрометеорологиемрэ дыкъэзыухъуреихь дунейм кIэлъыплъынымкIэ Кавказ Ищхъэрэ управленэ» федеральнэ къэрал бюджет IуэхущIапIэм и къудамэм - Гидрометеорологиемрэ дыкъэзыухъуреихь дунейм кIэлъыплъынымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр центрым и унафэщIыр (зэгурыIуауэ)
Бозиев А. Ю. - КъухьэпIэ Каспий псы управленэм и унафэщIым и къуэдзэр - псы ресурсхэмкIэ къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и унафэщIыр (зэгурыIуауэ)
Вэрокъуэ З. В. - «Урысейм и пощт» акционер зэгухьэныгъэм и къудамэм - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Федеральнэ пощт зэпыщIэныгъэмкIэ и управленэм и унафэщIыр (зэгурыIуауэ)
Вэрокъуэ З. В. - «Газпром межрегионгаз Налшык» жэуап зэхэгъэщхьэхукIа зыхь зэгухьэныгъэм и генеральнэ директорыр, «Газпром газ тегуэшапIэ Налшык» акционер зэгухьэныгъэм и гъэзэщIакIуэ унафэщIыр (зэгурыIуауэ)
Говоров С. А. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэр
Гулиев А. А. - «Урысейм и МЧС-м и Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэ къэлъыхъуакIуэ-къегъэлакIуэ отряд» федеральнэ къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэм и къудамэм - Урысейм и МЧС-м и Iуащхьэмахуэ къурш къэлъыхъуакIуэ-къегъэлакIуэ отрядым и унафэщIыр (зэгурыIуауэ)
Гулиев М. Хь. - «КъегъэлакIуэхэм я урысей союз» Урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и тхьэмадэр (зэгурыIуауэ)
Джанибеков М. И. - Экологие, технологие, атом кIэлъыплъыныгъэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и Кавказ управленэм и унафэщIым и къуэдзэр (зэгурыIуауэ)
Дневалов М. М. - къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и къуэдзэр (зэгурыIуауэ)
ДыщэкI А. З. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министрыр
Езауэ А. Къ. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм цIыхухэр егъэджэнымрэ щIэныгъэмкIэ и министрыр 
Къалэбатэ Р. М. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и министрыр
Къардэн А. И. - «МафIэсым пэщIэтынымрэ цIыхухэр къегъэлынымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр къулыкъущIапIэ» къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэм и унафэщIыр
Къэрмокъуэ З. Хь. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министерствэм граждан зыхъумэжыныгъэм и IуэхухэмкIэ, къызэрымыкIуэ щытыкIэхэр къэмыгъэхъунымрэ абыхэм я лъэужьхэр гъэзэкIуэжынымкIэ и депертаментым и унафэщIыр
Къарэ М. А. - «Россети Кавказ Ищхъэрэ» акционер зэгухьэныгъэ зэIухам и къудамэм – «Къэббалъкъэнерго» IуэхущIапIэм и унафэщIыр (зэгурыIуауэ)
Лисун Е. А. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм финансхэмкIэ и министрыр
Мэкъуауэ Т. Э. - Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэм и аппаратым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къегъэщIылIа и федеральнэ инспектор нэхъыщхьэр (зэгурыIуауэ)
Мечукаев А. А. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм «Суд-медицинэ экспертизэмкIэ бюро» и къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэм и унафэщIыр
Мэш М. М. - Урысей Федерацэм Лъэпкъ гвардием и дзэхэмкIэ и федеральнэ къулыкъущIапIэм и Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и унафэщIым и къуэдзэр (зэгурыIуауэ)
Пагуэ Ж. А. - ЩэхуакIуэхэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымрэ цIыхум зэIузэпэщ псэукIэ иIэнымрэ я IэнатIэм щыкIэлъыплъынымкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и унафэщIыр (зэгурыIуауэ)
Семэн Б. С. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министерствэм граждан зыхъумэжыныгъэм и IуэхухэмкIэ. къызэрымыкIуэ щытыкIэхэр къэмыгъэхъунымрэ абыхэм я лъэужьхэр гъэзэкIуэжынымкIэ и департаментым и къудамэм и унафэщIыр (Комиссэм и секретарщ)
Сыжажэ Хь. Л. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министрыр
Хьэжыкъарэ М. Хь. - Урысей Федерацэм Граждан зыхъумэжыныгъэм и IуэхухэмкIэ, къызэрымыкIуэ щытыкIэхэмкIэ, къэхъуа гузэвэгъуэхэм я лъэужьхэр гъэзэкIуэжынымкIэ и министерствэм и Управленэ нэхъыщхьэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и унафэщIым и къуэдзэр (зэгурыIуауэ)
Чапаев М. Б. - Урысей Федерацэм ШынагъуэншагъэмкIэ и федеральнэ къулыкъущIапIэм и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и къудамэм и унафэщIым и къуэдзэр (зэгурыIуауэ)
Чочаев Хь. Хь. - «Метеорологиемрэ адрей геофизикэ Iуэхухэмрэ жыджэру хэлэжьыхьынымкIэ Кавказ Ищхъэрэ военизированнэ къулыкъущIапIэ» федеральнэ къэрал бюджет IуэхущIапIэм и унафэщIыр (зэгурыIуауэ)
Шаваев И. П. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министрыр
Шевченкэ Т. И. - ЩIыуэпсыр къэгъэсэбэпынымкIэ IэнатIэм щыкIэлъыплъынымкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэ зэхуаку управленэм и унафэщIым и къуэдзэм и къалэнхэр зыгъэзащIэр (зэгурыIуауэ)
ЩоджэнцыкIу М. Л. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм курортхэмрэ туризмэмкIэ и министрыр

Поделиться: